13 сентября 2024
13 сентября, 2024 - 14:00
ЩIалэр IитIэлъитIэу зэрыс шэнтжьей щабэр машинэ къутахэр е къатхьэкъуахэр къызэрырашэкI эвакуаторым тету Налшык къалэм и уэрамхэм ирикIуэу къищащ КъБР-м и Госавтоинспекцэм и камерэхэм.
13 сентября, 2024 - 13:00
Бжьыхьэм халъхуат, а зэманри къызэрымыкIуэу фIэфIт тхакIуэ, усакIуэ Къэжэр Хьэмид ХьэтIутIэ и къуэм. Псэужамэ, абы и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 86-рэ ирикъунут. Бахъсэн районым хыхьэ Ислъэмей къуажэм къыщыхъуа Хьэмид 1962 - 1965 гъэхэм адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ кафедрэм и аспирантурэм щIэсащ, 1967 гъэм бзэщIэныгъэхэм я кандидат цIэри къыфIащат.
13 сентября, 2024 - 12:04
ГъащIэ къигъэщIам ириплъэж цIыхум дежкIэ илъэс бжыгъэ хэIэтыкIар и блэкIар къыщипщытэж гъэунэхугъуэщ. Сыт хужыпIэфынур и гъащIэ псом зы IэнатIэм Iуту зы IэщIагъэм ирилэжьа цIыхум? Алыхьталэм къыдилъхуа зэфIэкIымрэ и гуащIэр зрипха лэжьыгъэмрэ зэзыгъэуIуфар насыпыфIэщ, гъащIэм и адрей нэщэнэхэр къэгъэнауэ.
13 сентября, 2024 - 12:01
Австрием щыщ еджагъэшхуэ Густав Буллемэр Югославием щыщыIам нэхъыбэу къызэхикIухьар Косовэ Губгъуэрщ. Буллемэр и тхыгъэхэр а гъэ дыдэм къытрыригъэдзэжащ Венэ къыщыдэкI «Географие хасэм и хъыбархэр» журналым.
Адыгэхэм я гъащIэм, я псэукIэм гупсэхуу кIэлъыплъа еджагъэшхуэм ди лъэпкъым и тхыдэжьым и мызакъуэу, я иджырей тхыдэри фIы дыдэу ищIэрт.
13 сентября, 2024 - 11:58
Си тхыгъэ гуэрхэм я щхьэщIэдзапIэм щыжысIащ цIыху щхьэхуэхэм я гуэныхь къэсхьынкIэ сызэрышынэр. Тездзэну сыхунэмысауэ е зытеухуа елъытауэ къысхуэмыгъэсэбэпауэ зи IэдакъэщIэкI тхыгъэхэр си лэжьапIэ пэшым къыщIэна, си тхылъымпIэхэм къыхэнахэращ ар. Псом хуэмыдэжу сафIолIыкI пщIэрэ щхьэрэ зиIэу, зи IэдакъэщIэкIым дагъуэ хуэпщIыни хэмылъ нэхъыжьыфIу дунейм ехыжахэм. Абыхэм ящыщщ нобэ фи пащхьэ къислъхьэну мурад сщIа «Ерысто Iуащхьэ и хъыбарыр».
13 сентября, 2024 - 11:56
ФокIадэм и 13, мэрем
♦1919 гъэм къалъхуащ драматург, режиссёр, УФ-м щIыхь зиIэ и артист, КъБР-м и цIыхубэ артист Тубай Мухьэмэд.
♦1934 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Шорэ Хьэсин.
♦1937 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Бицу Георгий.
♦1941 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор Джыназ Борис.