Календарь событий

14 сентября 2024

КиберщIэпхъаджагъэхэм щахъумэ

УФ-м и МВД-м КъБР-м щиIэ къудамэм фокIадэм и 11-м зэIущIэ щекIуэкIащ. Абы щытеп­сэлъыхьащ бзаджащIэхэм электрон Iэмалхэр къагъэ­сэбэ­пурэ цIыхухэм я мылъкур къы­зэрыIэщIагъэкIым, жылагъуэр апхуэдэ хабзэншагъэхэм зэрыщахъумэ Iэмалхэм, зэ­рыпэ­щIэт щIыкIэхэм. 

Шордакъдэсхэр зыщыгуфIыкIа тыншыпIэ

«ПсэупIэмрэ къалэ щыIэкIэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Къалэхэм ущыпсэуныр тынш щIын» къэрал программэм и фIыгъэкIэ 2030 гъэм ирихьэлIэу цIыхухэм я псэукIэр хуэдэ 1,5-кIэ ирагъэфIэкIуэн мурадхэр щыIэщ.

Кавказ Ищхъэрэр зэщIагъэхьэ

«Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэ» лъа­къуэрыгъажэ Iуэхум хэтхэр Налшык къэсащ. Ахэр Мейкъуапэ къыщежьащ фокIадэм и 7-м. Зэпеуэм хэтщ Урысеймрэ Белоруссиемрэ я спортсмен лъэрызехьэхэр. 

Архитекторхэмрэ ухуакIуэхэмрэ зэIэпэгъущ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ фокIадэм и 13-м республикэм къыщызэIуаха, Кавказ Ищхъэрэм АрхитектурэмкIэ и VIII фестивалым хэтхэм. Урысейм щыщ архитектор пажэхэр къызэ­кIуэлIа зэхуэсышхуэр егъэщIылIащ 2024 гъэр Архитектурэм и илъэсу зэрыщытым.