Календарь событий

19 сентября 2024

Гум къыбгъэдэкIыр гум нос

Сокъур Каринэ сурэт ищI къудейкъым. Абы и лэжьыгъэхэмкIэ къегъэлъагъуэ нобэрей зэманым, дунейм къыщыхъу Iуэхухэм зэрыхущыт, зэреплъ щIыкIэри: «Си япэ гъэлъэгъуэныгъэр щызэхуэсщIыжым, абы къекIуалIэхэм ялъагъуу зы сурэт сщIыну мурад сщIати, абы тетыну псалъэр къыхэсхын хуейт. Сыгупсысэри, нобэрей зэманым нэхъ къезэгъыу къысщыхъуар «Гугъэ» псалъэращ. Дунейр нэхъ гущIэгъуншэ, гуауэмрэ гузэвэгъуэмрэ куэд щыхъуа зэманым цIыхум къыхуэнэжыр гугъэщи, а псалъэм и мыхьэнэр ину къызолъытэ».

КхъуэIуфэр къызытекIа Бгъэнокъуэхэр

Адыгэ унэцIэхэм я къэхъукIэр гъэщIэгъуэнщ. Шэч хэмылъуи, ахэр ауэ сытми къэунэхуртэкъым, атIэ хъыбар е Iуэхугъуэ гуэрым абыхэм я мыхьэнэр епхат.

 Профессор КIуэкIэ Жэмалдин зэритхыжамкIэ, адыгэхэм унэцIэ яIэ хъуащ XVI лIэщIыгъуэм. Абы лъандэрэ унэцIэхэм, дауи, зэхъуэкIыныгъэхэр ягъуэтурэ къэгъуэгурыкIуащ.

ХьэжытIэгъуей ауз

Пушкин Александр къыдигъэкIыу щыта «Современник» журналым традзат урысыдзэм къулыкъу щызыщIэ адыгэ (абазэ) щIалэ Къаз-Джэрий (щыпсэуар I807-I863 гъэхэрщ) и тхыгъитI – «ХьэжытIэгъуей аузымрэ» «Къэжэр таурыхъымрэ».

Абыхэм усакIуэшхуэр къыщытхъуат, щIэныгъэм пэIэщIэу къалъытэ Кавказым щыщ щIалэщIэм къызэкъуиха зэфIэкIыр фIэтелъыджэу. «ХьэжытIэгъуей аузым» гулъытэ къыхуищIат критикхэм я критикыжу къалъытэ Белинскэми. Къаз-Джэрий дзэм хэтащ генерал-майор хъуху, полкым, корпусым я Iэтащхьэу щытащ, зауэ зыбжанэм лIыгъэ къыщигъэлъэгъуащ.

Куприн Александр

Куприн Александр цIыхубэм я гум дыхьа урыс тхакIуэшхуэщ. Нэхъыбэ дыдэу ар яцIыху «Поединок», «Гранатовый браслет», «Олеся» рассказхэмкIэ. А тхыгъэхэр урыс литературэм и фIыпIэм щыщщ.

1870 гъэм фокIадэм и 7-м тхакIуэшхуэр дунейм къыщытехьащ Пензенскэ губернием и Наровчат къалэм. Куприн и адэр унагъуэм ящхьэщыукIуриикIащ пасэу. Абы щыгъуэ ахэр Москва Iэпхъуащ. Илъэсих щыхъум, Куприн Москва зеиншэхэм я еджапIэм (училище) щIэтIысхьащ. Илъэси 10 хъууэ абы къыщIэкIри, дзэ гимназием и курсант хъуащ, иужькIэ, Александровскэ дзэ училищэм щеджащ.

Къэбэрдэй-Балъкъэр Республикэм и Парламснтым и У Н А Ф Э

Къэбэрдэй-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и

У Н А Ф Э

Къабарты-Малкьар Республиканы Парламентини БЕГИМИ

ПОСТАНОВЛЕНИЕ

Парламента Кабардино-Балкарской Республики

О Законе Кабардино-Балкарской Республики "О некоторых требованиях к платным парковкам на территории Кабардино-Балкарской Республики"

Парламент Кабардино-Балкарской Республики постановляет:

Жыг хадэхэр

         Ди нанэ и хадэм имыт щыIэжтэкъым. МыIэрысей, кхъужьей, пхъэгулъей, хуэрэджей жыгхэр лIэужьыгъуэ куэду зэщхьэщыкIыу, балий жыпIэн, шэдыгъуэ (черешня) плъыжь, хужь ухуей?! МэракIуэ гуакIуэр, щхъырыб, санэ хужьрэ фIыцIэрэ…

Удредзей икIи укърехьэхыж

         Сыт хуэдэ революцэри зыгуэркIэ зэщхьщ. Абы хопщIэ я Iуэху еплъыкIэкIи, дуней тетыкIэкIи, зыщIапIыкIа хабзэкIи, бгъэдэлъ мылъкукIи зыкIи зэмыщхь цIыхухэр. Нэхъыщхьэращи, революцэхэм Iэмал ират дэкъузауэ, хуитыныгъэншэу, дэ дызэресам хуэдэу жытIэнщи, къэрэхьэлъкъым къыхэкIа цIыхухэм жылагъуэми властми я пащхьэм бжьыпэр щиубыдыну. Ар кърибгъэлъэгъуэфынущ Мексикэм и президенту щыта Обрегон Альварэ и щапхъэмкIэ.

Маленковыр зэрыIуагъэкIуэтар

         Совет унафэщIхэм я къекIуэкIыкIамрэ ягъэхъахэмрэ ятеухуауэ тхыдэджхэм дызрагъэдаIуэхэр зэщхьэщокI, зэм ахэр хужьу, зэми фIыцIэу дагъэлъагъу. А псори зэпэплъытмэ, IэщIагъэлI нэхъыщхьэхэм Маленков Георгий нэхъыбэу фIы и лъэныкъуэкIэ ягу къагъэкIыж, езыр иджырей цIыхухэм зэращыгъупщэжрэ куэд щIами. СлIожь, ар зы зэман лъэкIыныгъэ ин зыбгъэдэлъахэм ящыщ куэдым ди Щхьэщыгу итым къахуиухауэ къыщIэкIынущ. Абы щыгъуэми, 1953 гъэм Сталин Иосиф лIа иужь арат абы и пIэ иувэн хуеяр. Апхуэдэу щыщыткIэ, тетыгъуэр къыIэрыхьамэ, Совет Союзым нэгъуэщIу зиужьынут.

Чэф зиIэхэм я зэранкIэ

 

2024 гъэр къызэрихьэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и автоинспекторхэм яубыдащ  чэф яIэу машинэ зезыхуэ цIыху 1400-м щIигъу. Абыхэм яхэтщ нэхъапэIуэкIи апхуэдэ IуэхукIэ тезыр зытралъхьа цIыху 240-рэ.

Чэф яIэу рулым дэсхэм я зэранкIэ зэжьэхэуэ куэд къохь, цIыху куэди хокIуадэ. Афиянымрэ фадэмрэ нэм тэмэму имылъагъуу ящI, щхьэр ягъэлажьэркъым, гулъытэм кIэрагъэху, плъыфэхэми «зрагъэхъуэж», хуэму узекIуэу къыпщагъэхъу.

Iуэхур къыще­жьэр мурадырщ

Сэхъурокъуэ Хьэутий Хьэзрит и къуэр Аруан районым хыхьэ Старэ Шэрэдж (Дохъущыкъуей) къуа­жэм 1951 гъэм на­къыгъэм и 27-м къыщалъ­хуащ. Абы къиухащ Къэбэрдей-Балъ­къэр къэрал университетыр, ВИГИС-м и аспирантурэр (Москва). Ар ветеринар щIэны­гъэ­хэм я кандидатщ, экономикэ щIэны­гъэ­хэм я докторщ, профессорщ, ЩIДАА-м и академикщ.

Сэхъурокъуэр къэрал IэнатIэ иIыгъыу къе­кIуэ­кIащ. Ар щытащ КъБР-м и Правительствэм и Уна­фэ­щIым и къуэ­­дзэу, егъэ­джэ­ны­гъэмрэ щIэныгъэмкIэ министру.

НОБЭ

ФокIадэм и 19,

махуэку

Iэщэ зыщIым и махуэщ. УФ-м и Президентым 2011 гъэм дыгъэгъазэм и 3-м къыдигъэкIа унафэмкIэ ягъэуващ.

1544 гъэм къалъхуащ урыс пащтыхь гуащэу щыта Идар Гуащэнэ.

1937 гъэм къалъхуащ КъШР-м и цIыхубэ тхакIуэ, публицист АбытIэ Владимир.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 14-17, жэщым градус 14 щыхъунущ.