Календарь событий

21 сентября 2024

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм электро къарур къызэрыщагъэсэбэпым и шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ и штабым хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 20I6 гъэм дыгъэгъазэм и 7-м къыдигъэкIа Указ
№152-УГ-мкIэ къащтам зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

НОБЭ

ФокIадэм и 21, щэбэт
Мамырыгъэм и дунейпсо махуэщ 
Альцгеймер узыфэр зищIысым цIыхухэр щыгъуазэ щIыным и дунейпсо махуэщ 
1933 гъэм
къалъхуащ географие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик Борей Рауф.
1945 гъэм къалъхуащ къэфакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Мысачэ Валентинэ. 
1955 гъэм къалъхуащ химие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Бей Iэуес. 

И тхыгъэхэр зэIэпахыху ящыгъупщэнукъым

УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта усакIуэ, егъэджакIуэ Шорэ Хьэсин псэужамэ, и ныбжьыр илъэс 90 ирикъунут. 

Тхыдэм куэд ехъумэ

Иужьрей илъэсхэм Налшык игъуэта зыужьыныгъэр нэрылъагъущ. Абы дэщIыгъууи гуапэщ тхыдэр хъума зэрыхъуным щIыналъэ унафэщIхэр зэрелIалIэр. 
Налшык къалэм и уэрам нэхъыщхьэу щытар, куэдым зэращIэжщи, Къэбэрдей уэрамырщ. 
Степной уэрамыр (иджы Лениным и цIэр зезыхьэр) нэхъыщхьэ ящIыным теухуа унафэр блэкIа лIэщIыгъуэм и 30 гъэхэм къащтат. Абы и щхьэусыгъуэр ар Головком и уэрамым нэхърэ нэхъ лъагэу, хадэхэм фIэкIа имыIэу щIыIэнэщI жыхуаIэм хуэдэу зэрыщытырт.  Архитекторхэм хуиту уэрамыщIэр яухуэфыну Iэмал ягъуэтат…

Бзэм и IэфIыр

Анэдэлъхубзэм и лъахэр сыту къулей! Сыту куэд ущыIущIэрэ абы телъыджэу, уатхьэкъуу, уеблэмэ укъагъэуIэбжьу. Бзэм и IэфIыпIэ курыхыр къуэпсу уиIэмкIэ щызыхыбощIэ гупсысэ пэжхэм я щыгум сыт щыгъуи тета IутIыж Борис и бзэм, и къэIуэтэкIэм. IутIыжыр анэдэлъхубзэм анэдэлъхубзэкIэ тетхыхьу – ар гупсэхугъуэщ! «Анэдэлъхубзэм и гурыгъузхэр» тхыгъэм зыщыдвгъэгъэпсэху!
ГУГЪУЭТ Заремэ. 

Хэкур зэзыгъэгъуэтыжахэр

 «Адыгэ псалъэ» газетым и хьэщIэщым къытхуеблэгъащ Европэм щыIэ Адыгэ Хасэхэм я федерацэм и тхьэмадэ, хьэрычэтыщIэ Вэрокъуэ Затий.
- Затий, Тыркум щыIэ Мударей адыгэ къуажэрщ укъыщыхъуар. Жылэм и псэукIэм и гугъу уэзгъэщIынут, хэхэс адыгэхэм я гъащIэр ди нэгу къыщIэдгъэувэфын папщIэ.

Сталиным и Iизыныншэу

«Сталинград» псалъэр зэхэзымыха цIыху балигъ къэгъуэтыгъуейщ. И пщIэр  апхуэдизкIэ инщи, Европэм и къалэ зыбжанэм я уэрамхэм фIащащ а цIэр. Сыт ар апхуэдизу зыIэтар? Хэку зауэшхуэм  и зэманым зихуэдэ щымыIэу мыбдеж щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэрщ. Мыбдеж езы зауэм и екIуэкIыкIэм къыпхуэмылъытэн хуэдизу зыщихъуэжащ. Нэхъыщхьэращи, мы къалэм и деж белджылы щыхъуащ  Европэр зыубыда икIи дунейпсо тепщэныгъэм хущIэкъу фашист Германием и бгыр зэрызэращIыкIынур. 

Зыхуэдэ щымыIэ къызэгъэпэщыкIэ

Адыгэхэм я махуэмрэ Бахъсэн къалэр илъэс 50 зэрырикъумрэ гъэлъэпIэным ехьэлIауэ а щIыпIэм къыщаIэта Iуэхугъуэхэр апхуэдизу екIуу ирагъэкIуэкIати, нобэми щIэх-щIэхыу сигу къокIыж.