23 сентября 2024
23 сентября, 2024 - 17:38
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм «Дзэ къулыкъущIэхэм, нэгъуэщI цIыху лIэужьыгъуэхэм, абыхэм я унагъуэхэм щыщхэм псэуныгъэ и лъэныкъуэкIэ защIэгъэкъуэным хуэгъэзауэ аргуэру лэжьыпхъэхэм я IуэхукIэ» 2022 гъэм фокIадэм и 24-м къыдигъэкIа
Указ №92-УГ-м и 1-нэ пунктым зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным теухуауэ
23 сентября, 2024 - 17:36
ТхакIуэшхуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм дыщыгъуазэми, дэ абыхэм я псэукIам,я Iыхьлыхэм я къекIуэкIыкIам теухуауэ тщIэр мащIэщ.
Пешковэ Марфэ пролетар тхакIуэ Горький Максим и къуэрылъхут. Ар зэрыцIыкIурэ яхэтат и адэшхуэм и ныбжьэгъу цIэрыIуэхэм, школым зы партэ дэсат Сталин Иосиф ипхъу Светланэ и гъусэу икIи абы и ныбжьэгъу нэхъыфIу къалъытэрт. Балигъ хъуа иужь ар гъащIэм и зэхэгъэкIыгъуэ хьэлъэхэм икIи телъыджэхэм къахэхутащ.
23 сентября, 2024 - 17:32
Урысей абрагъуэр зыгъэзджызджа Граждан зауэр абы щыпсэухэм я дежкIэ зэхэгъэкIыныгъэ хьэлъэу щытащ. ЛIэнкъэнэну зэпэщIэува лъэныкъуитIри пIалъэ кIыхькIэ зэпэщIэтащ хэщIыныгъэшхуэхэр ягъуэту. Зэм зыр, зэми адрейр щефIэкI щыIэт. Большевикхэм я Iуэху къикIащ. Абыхэм я ехъулIэныгъэм и тегъэщIапIэу къалъытэ цIыхухэр къагъэдэIуэфу, ахэр я жьауэм щIагъэувэфу зэрыщытар. Апхуэдэуи щIауфэркъым нэгъуэщI къэралхэм ящыщхэр – латышхэр, венгрхэр, чеххэр, эстонхэр, хэбгъэзыхьмэ нэмыцэхэр Дзэ Плъыжьым мымащIэу зэрыхэтар.
23 сентября, 2024 - 15:18
ФокIадэм и 23, блыщхьэ
♦IэпэтэрмэшкIэ зэпсалъэхэм я дунейпсо махуэщ
♦КъуэкIыпIэ Жыжьэм щагъэлъапIэ къаплъэным и махуэр
♦1869 гъэм Менделеев Дмитрий химие элементхэм я периодическэ законыр къызэIуихащ.
♦1924 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щIэныгъэншагъэр щыгъэкIуэдынымкIэ комиссэ къызэрагъэпэщащ.
♦1934 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Тхьэгъэзит Зубер.
23 сентября, 2024 - 13:07
Нартсанэ (Кисловодск) километр 15 хуэдизкIэ пэжыжьэу, къухьэпIэмкIэ къыщытщ тхыдэжьым и фэеплъ, Рум Iуащхьэ жыхуаIэр. Япэ дищынщи, нэхъ пасэу абы зэреджэу щытар Румкъалэщ.
23 сентября, 2024 - 13:05
Ленин еджапIэ къалэ цIыкIум 1933 гъэм лъэпкъ гъуазджэм и областной студие къыщызэIуахауэ щытащ. Студием и къалэнт Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщызэрагъэпэщыну къэрал драмэ театрым и лэжьакIуэхэр игъэхьэзырыну.
1933 гъэм фокIадэм и 23-м къыдэкIа «Ленин гъуэгу» газетым тетащ: «Адыгэхэм театрыр зи щIысыр ящIэртэкъым. Я бзэм хэтыххэкъым «артист», «театр» псалъэхэр». Адэ-анэхэм куэдрэ елъэIун хуей хъуащ я бынхэр студием щрагъэджэну яутIыпщын щхьэкIэ. Республикэм и унафэщIхэм, псом хуэмыдэу Къалмыкъ БетIал и фIыгъэкIэ, еджакIуэхэм я бжыгъэр ирагъэкъури, яутIыпщауэ щытащ.
23 сентября, 2024 - 13:03
XIX лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм урысыдзэм къулыкъу щызыщIа адыгэ (абазэ) щIалэ Къаз-Джэрий (щыпсэуар 1807 - 1863 гъэхэрщ) и тхыгъитI – «ХьэжытIэгъуей аузымрэ» «Къэжэр таурыхъымрэ» Пушкин Александр къыдигъэкI «Современник» журналым къытрадзат. Кавказым щыщ щIалэщIэм къызыкъуиха зэфIэкIыр фIэтелъыджэу, усакIуэшхуэр абы щытхъуат. «ХьэжытIэгъуей аузым» гулъытэ лей къыхуищIат критикхэм я критикыжу къалъытэ Белинскэми.
23 сентября, 2024 - 12:38
Адыгэ IуэрыIуатэм щыщу Джэдгъэф Аслъэмырзэ итхыжахэм къыхэтхыжащ.
… Зэшищ ежьауэ, гъуэгу здытетым, шы лъэужь къаIэщIэлъэгъуащ.
- Мы шыр хэт ишми, и нэ сэмэгур исыжкъым, - жиIащ зэшищым я нэхъыжьым.
- Шым щэлъахъи илъщ, - жиIащ зэшищым я курытым.
- ЩIакIуи теубгъуащ шым, - жиIащ шынэхъыщIэм.
Гъуэгум зылI къащрихьэлIащ зэшищым.
- Шы къыфIэщIэмылъэгъуауэ пIэрэ? - къеупщIащ лIыр. - Гъуэгум сыщепсыхри, сышхьэукъуэху, шыр къэкIуэсащ.
- Уи шым и нэ сэмэгур исыжкъэ? - еупщIащ зэшищым я нэхъыжьыр лIым.