Календарь событий

25 сентября 2024

Лъэпкъым хуищIэ лэжьыгъэм уасэ иIэкъым

«Гъуэгу псоми Рим ухуашэ» псэлъафэ щыIэщ. Джэрыджэ Арсен и дежкIэ апхуэдэ «Риму» жыпIэ хъунущ «Адыгэ псалъэ» газетыр, абы и гъащIэ гъуэгум дэнэкIэ имыгъэзами, и адыгэ газетымкIэ къриIуэнтIэкIыжащи.

ГукъэкIыжхэм я лъахэм

«Адыгэ псалъэ» газетыр къызыIэрыхьэхэр я гъащIэ гъуэгуанэ къакIуамкIэ къыщыддэгуаши щыIэщ. Апхуэдэ зы тхыгъэ къытIэрыхьащ, фIыщIэрэ щытхъурэ хуэфащэу. 

Сабийхэм папщІэ

Зы махуэ гуэрым си къуэш нэхъыщІэм хьэ шыр цІыкІу гъунэгъум я деж кърихащ, фІэмыщІым къыхэпщыжа къудей фІэкІа умыщІэну фІыцІабзэу. Абы цІэ фІэтщынумкІэ куэдрэ дызэныкъуэкъуакъым икІи унагъуэм щІэсыр псори дыдэарэзыуэ ХьэфІыцІэкІэ деджэу щІэддзащ.

Хьэтхыкъуэ Мыхьэмэт-гъуазэ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу иужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий итхыжам щыщщ щыгъуазэ фызыщыхуэтщIыр.
 
Дэтхэнэ цIыхури и гъащIэм щрохьэлIэ гуфIэгъуэкIэ гъэнщIа махуэ гуимыхужхэми Iэмал зэриIэкIэ игу къигъэкIыжыну хуэмей пычыгъуэхэми.

НОБЭ

ФокIадэм и 25,
бэрэжьей

Фармацевтым и дунейпсо махуэщ 
Дэгухэм я дунейпсо махуэщ 
1934 гъэм
Налшык къыщызэIуахащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и колхоз-совхоз IуэхущIапIэхэм я япэ спартакиадэр. 
1941 гъэм ВКП (б)-м и обкомым унафэ ищIащ уIэгъэ хъуа зауэлIхэр зыхуей хуэгъэзэнымкIэ комитет къызэрагъэпэщыну. 
1915 гъэм къалъхуащ АР-м и цIыхубэ тхакIуэ, драматург, зэдзэкIакIуэ Еутых Аскэр. 

ЦIыху миным щIигъу щызэрихьэлIащ

Урысей Федерацэм и ипщэ лъэныкъуэмкIэ щыпсэу лъэпкъхэм щэнхабзэмрэ спортымкIэ я зэхыхьэ ин Грознэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ, щэнхабзэмрэ спортымкIэ гупжьейхэу Урысейм и щIыналъэ 16-м къикIахэр хэту. 

Сэтэней гуащэм пищIыу

ФокIадэ мазэм халъхуахэм ящыщщ къэфакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Мысачэ Валентинэ. Зэрыхабзэщи, цIыху гъащIэм лъабжьэ хуохъу щысабийм и нэгу щIэкIамрэ зэхихамрэ. Ахэр дахэу, фIыуэ щытамэ, уи насып къикIащ… 

Къалэжьыр яфIэкуэдщ

Мэхъэчкъалэ къыщыдэкI «Черновик» газетым зэритхымкIэ, УФ-м ФинансхэмкIэ и министерствэм къуаншагъэу къилъытащ дагъыстэн егъэджакIуэхэм я улахуэр республикэм щыщ адрей къэрал лэжьакIуэхэм яйм зэрыщхьэдэхыр. Хъыбарыр Дагъыстэным щIыналъэм унафэ хуэщIынымкIэ и центрым иригъэкIуэкIа эфир занщIэм къыщигъэнэIуащ республикэм егъэджэныгъэмкIэ и министр Бучаев Яхья. 

ГъащIэ кIэщI купщIафIэ

Нобэрей Венгрием я Пушкину къалъытэ Петёфи Шандор (1823-1849) къызыхэкIа лъэпкъкIэ словакщ. Дэ нэхъыфIу тцIыху урыс усыгъэм щыщу ар нэхъ зи лъэхъэнэгъур Лермонтов Михаилщ. УсакIуэр дунейм зэрехыжрэ илъэси 175-рэ зэрырикъуар щхьэусыгъуэфIу къыдолъытэ венгр усыгъэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа Петёфи нэхъ гъунэгъуу зэдгъэцIыхуну.