26 сентября 2024
26 сентября, 2024 - 17:57
АрхеологиемкIэ РАН-м и институтымрэ «Наследие Кубани» щIэныгъэ IуэхущIапIэмрэ зэщIигъуу мазитI хъуауэ ядж Сочэ и Iэхэлъахэм нэхъ гъэщIэгъуэн дыдэу щыIэ фэеплъхэм ящыщ зы - Къуэбыдэ хиубыдэ Красная Полянэ посёлокым щыIэ мывэкхъэр.
26 сентября, 2024 - 16:54
1992 гъэм Нало Заур къыдигъэкIауэ щытащ «Таурыхъищэ» тхылъыр. ЩIэх дыдэ зэбграхауэ щыта къыдэкIыгъуэр лъэпкъ щэнхабзэм и дыщэ пхъуантэу щахъумэ унагъуэ куэдым. Фи пащхьэ идолъхьэ а тхылъым къитхыжа зы хъыбар.
26 сентября, 2024 - 14:18
Джылахъстэнейм уэгъур къыщхьэщытт. ЩIыр апхуэдизкIэ псыIагъэ щыщIати, зэгуэтхъат. Хьэжкурийм кърихьэкI сабэр нэм къыщIозэрыхь. Гъэмахуэми, удзхэр гъуэжь хъуащ, псыкъуийхэр игъущыкIащ. Курпыпс цIыкIури ежэхыжыркъым, щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ псы кIэнтхъ инахэм бдзэжьей жьгъей цIыкIухэр, я жьэр яущIу, щипхъащ. Жыг тхьэмпэхэм зашыхьыжауэ къыпохуж. Дунейм и хъуреягъкIэ зыуплъыхьмэ, зы кIарц закъуэщ щхъуантIэу къызэтенар.
26 сентября, 2024 - 13:16
Хабзэхъумэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щаубыдащ мылъкушхуэ зэрадыгъуам къыхэкIыу куэд щIауэ къалъыхъуэ, Ижевск къалэм щыщ цIыхухъуитI.
Къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, 2024 гъэм мэлыжьыхь мазэм абыхэм интернетым къралъхьащ «Киа Соренто» автомобиль пуду зэращэмкIэ тхыгъэ.
26 сентября, 2024 - 12:12
«Гъатхэ махуэ гъэр егъашхэ», - жыдоIэ адыгэхэм. Ардыдэр бжьыхьэми хужыпIэфынущ, сыту жыпIэмэ, щIымахуэм къащтэж гъэтIылъыгъэхэр щагъэхьэзырыр иджыпстущ. Гъавэр къыщрахьэлIэж фокIадэм унэгуащэхэм пщэфIэкIэ IэмалыщIэхэр зрагъащIэ, ящIэхэр зэрагъэзэхуэж, я ерыскъы зехьэкIэмкIэ зэдогуашэ. Апхуэдэу «унагъуэ экономикэр» зыхуей хуэзыгъазэ бзылъхугъэ жанхэм я лъэр щIэзыгъэкIын хъыбар яхуэдгъэхьэзыращ.
26 сентября, 2024 - 11:05
Лъэпкъ мащIэхэм я дежкIэ сыт щыгъуи мыхьэнэшхуэ зиIэщ IэщIагъэлIхэр ирикъуу яIэныр. Ар Iуэху тыншкъым, ахэр кууэ егъэджэн, гъэсэн зэрыхуейм къыхэкIыу. Апхуэдэ щытыкIэм Къэбэрдейр ихуащ блэкIа лIэщIыгъуэм и 50 гъэхэм. Хэку зауэшхуэм иужькIэ зыкъызыужьыжа республикэр адэкIэ кIуэтэн папщIэ хуэныкъуэт ди щIыпIэм къыщалъхуа, къыщыхъуа, щеджа IэщIагъэлIхэм. Абы щыгъуэми егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр Къэбэрдей пединститутым фIэкIа щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызэрагъэгъуэтын щ1ыпIэ диIэтэкъым.
26 сентября, 2024 - 10:08
УФ-м и МВД-м Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и Управленэм и лэжьакIуэхэр яIущIащ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ-Ищхъэрэ институтым щеджэхэм. Хабзэхъумэхэр тепсэлъыхьащ афияныр узыншагъэм зэран зэрыхуэхъумрэ цIыхум и гъащIэр зэрызэтрикъутэмрэ.
26 сентября, 2024 - 09:14
ФокIадэм и 26, махуэку
Ядернэ Iэщэр гъэкIуэдыжыпэным щIэбэныным и дунейпсо махуэщ
НэгъуэщI къэралыбзэхэм я европэпсо махуэщ
1947 гъэм къалъхуащ усакIуэ, публицист, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм адыгэбзэмкIэ и къудамэм и унафэщI Джэрыджэ Арсен.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ, махуэм хуабэр градус 15 - 16, жэщым градус 15 щыхъунущ.