Календарь событий

27 сентября 2024

Укъэзылъхуар здэщыIэ пщIащэрэт

  Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий лъэпкъым и щэнхабзэм, и тхыдэм ехьэлIауэ зэхуихьэсыжахэр зэрыт «Адэжь хъыбархэр» и тхылъым къитхыжащ кIэлъыкIуэу къызыпытщэнури…

Хьэтхыкъуэ Мыхьэмэт-гъуазэм теухуа хъыбарыр Шэрджэсым къыжезыIэжар Инжыдж ЦIыкIу и Iуфэм Iус Зеикъуэ къуажэм дэса, а зэманым зи ныбжьыр илъэс 82-м щхьэдэха Чыржын Хъусинщ. А тIур щызэпсэлъар 1969 гъэм мэлыжьыхьым и 29-рщ.   

Къуажэм щагъэлъэпIащ

 

Аруан (Мысостей) къуажэм щагъэлъэпIащ Адыгэхэм я махуэр. ЩэнхабзэмкIэ унэм и гупэм щызэхуэсат къуажэм и нэхъыжьыфIхэр, администрацэм и лэжьакIуэхэр, жылагъуэ Iуэхум пэрытхэр, сабий садхэм я гъэсакIуэхэр, егъэджакIуэхэр, щIалэгъуалэр.

Туризмэм и махуэ

Туризмэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн ирагъэжьащ 1925 гъэм. Абы щыгъуэ Голландие Ипщэм и къалащхьэ Гаагэ щекIуэкIат «Турист зэгухьэныгъэхэм я къэрал зэхуаку конгресс» зыфIащар.   АрщхьэкIэ фокIадэм и 27-р Туризмэм и дунейпсо махуэу къегъэлъытэнымкIэ унафэ къыщащтауэ щытар Испанием и Торремолинос къалэм 1979 гъэм щекIуэкIа, ООН-м деж щыIэ Дунейпсо турист зэгухьэныгъэм и зэIущIэрщ. 

                     ЩIыуэпсри тхыдэри зэлъэзыгъэIэсщ

Лэжьыгъэм щытепсэлъыхьащ

 КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм дэлажьэ Жылагъуэ советым и зи чэзу зэIущIэ екIуэкIащ.

КъулыкъущIапIэм и унафэщI Сунш Ануарбий зи пашэ гупым хэтхэр тепсэлъыхьащ «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым тету гъэ екIуэкIым и мази 8-м къриубыдэу республикэм щызэфIагъэкIамрэ щIыналъэм гъуэгу хозяйствэмкIэ и фондым къыхэкIыу автомобиль зекIуапIэхэр къэгъэщIэрэщIэжыным трагъэкIуэдар зыхуэдизымрэ.

Нобэ

ФокIадэм и 27,

мэрем

Туризмэм и дунейпсо махуэщ

ГъэсакIуэхэмрэ зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэр щапI IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэмрэ я махуэщ

1933 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Хьэщхъуэжь Раисэ.

1965 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Къущхьэбий Анзор.

ЩIэныгъэлI цIэрыIуэм и щIыхькIэ

Налшык япэ модельнэ библиотекэм щекIуэкIащ советскэ, урысей щIэныгъэлI цIэрыIуэ, физик, математик, ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и академик Энеев Тимур къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъум хухаха зэIущIэ дахэ.

Топджэгум цIэрыIуэ ищIа адыгэ щIалэхэр

Топджэгур, шыгъажэмрэ бэнэнымрэ хуэдэу, адыгэхэм игъащIэ лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуэ спорт лIэужьыгъуэу пхужы

Тхъуэстым и гъащIэ купщIафIэ

Тезырхэр щрагъэхьэкI федеральнэ къулыкъум и Къэбэрдей-Балъкъэр управленэм и унафэщIым и къуэдзэу илъэс зыбжанэкIэ лэжьащ МВД-м и полковник Тхъуэст Леонид.

Зауэ нэужь лъэхъэнэ хьэлъэм ар Къэхъун къуажэм къыщалъхуащ. Ар зэрыбынышхуэм я нэхъыжьт икIи къалэн куэд и пщэм къыдэхуэрт. И шыпхъу закъуэ Риммэ, къуэш нэхъыщIэхэу Хьэутийрэ Зауррэ и нэIэ ятетынри, унагъуэ, хадэ Iуэхухэр зэфIэгъэкIынри, еджэнри хъарзынэу къехъулIэрт, я адэ-анэ МуIэедрэ Хужьпагуэрэ къуажэ сабийр школым махуэ псом щрагъэджэрти я гур къыхэмыщтыкIыу.

Насыпым и щэхур арэзыныгъэрщ

Хэт насыпыфIэну хуэмейр? А упщIэм и жэуапыр фIэщхъуныгъэ зыбгъэдэлъми и дин къалэнхэр къызыфIэмыIуэхум дежкIи зыщ. Дэтхэнэ цIыхури щощтэ «насыпыншагъэкIэ» зэджэ щытыкIэм. Ауэ дэнэ къыздикIыр насыпкIэ дызэджэ фIыгъуэр? Сыт насыпу къэлъытапхъэр? Шэрихьэт щIэныгъэхэмкIэ доктор Щхьэныкъуэ Анзор и хъутIбэ купщIафIэм зэрыщыжиIэмкIэ, насып лIэужьыгъуэ псоми лъабжьэ яхуэхъур гупсэхугъуэрщ.

Африкэм уэс къыщесмэ…

Африкэ Ипщэ Республикэм уэс къыщесащ. ЩIыналъэ фIыцIэм зэи къыщымыхъуа Iуэхугъуэм цIыхухэр зэхэзехуэн зэрищIам имызакъуэу, машинэхэр гъуэгущхьэм тенауэ зэхэтщ, сыхьэт бжыгъэкIэ я пIэм имыкIыфу. Абыхэм щыгъын хуабэрэ шхынрэ лъэсу хуашэ зи кIэн къикIыу унэм къыщIэнахэм.

IуэрыIуатэм Iущыгъэ хэлъщ

Ди IуэрыIуатэр къулейщ Iущыгъэ зыхэлъ хъыбархэмрэ таурыхъхэмкIэ. Абыхэм щIэблэр ягъасэ гупсысэу, Iуэху зэпалъыту, фIымрэ Iеймрэ зэхагъэкIыу, хэлъэт яIэу, набдзэгубдзаплъэу. IуэрыIуатэр хъугъуэфIыгъуэ лъапIэщ цIыху бгъэсэнумэ. Абы къыхэпх щапхъэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ, сыту жыпIэмэ – сабийхэм зыщIыкIэ–щыIэкIэм псалъэ къудейкIэ уахутепсэлъыхь нэхърэ, ар щапхъэкIэ яхуэбгъэлъагъуэмэ, нэхъ тыншу зыхалъхьэ. Нарт хъыбархэм ящыщ зы дакъыхуевгъаджэ цIыкIухэм, акъылыфIагъэм ухуиущийуэ.

ГУГЪУЭТ Заремэ.

Пасэрей къалэжьхэр

IуэрыIуатэм нобэ къихьэсащ мызэ-мытIэу псыдзэм илъэса, къэбэкъауэм ирижьыкIа, щIыхъейм ихьа пасэрей къэралыгъуэ телъыджхэхэм я хъыбар. Апхуэдэщ мы тхыгъэмкIэ фэдгъэцIыхуну дызыхуей, пасэрей адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ щызэхэзекIуэу щыта къалэжьхэу Киммерик, Акрэ, ДиоскIурей жыхуиIэхэр.

Гудзакъэ зиIэ

ЩыIэкъым сабийм и деж щыпхь жэуапым нэхъ ин. Щхьэлыкъуэ къуажэм дэт сабий гъэсапIэ етIуанэм и унафэщI Иуан Агнессэ абы пэлъэщ къудей мыхъуу, зыпэрыт IэнатIэм гукъыдэжи къыхех. Илъэс куэд хъуауэ пэрытщ сабийр гъэсэнымрэ унэтIынымрэ теухуа IэнатIэм.

Дохутыр хъуну ехъуапсэу щытащ щыцIыкIум. Школым щIэтIысхьэри, класс нэхъыжьхэм нэса нэужь, IупщI хъуащ математикэмрэ физикэмрэ псом нэхъыфIу къызэрехъулIэр. Курыт еджапIэ нэужьым Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым физикэм щыхуеджащ.