Календарь событий

29 сентября 2024

Цейм и дыгъуасэмрэ нобэмрэ

Дунейм лъэпкъ куэд тет къыщIэкIынкъым и лъэп­къы­цIэр и фащэм зэреджэм техуэу. Бзэ зыбжанэм «шэрджэс фащэ» фIэщыгъэмкIэ хэт адыгэ цейм и пщIэр ди къэралым и ­гъунэм икIри, къуэкIыпIэми ­къухьэпIэми зыщиубгъуащ. 

Пащтым и дерсхэр

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музей Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм УФ-м и цIыхубэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, республикэм и Къэрал саугъэтым и лауреат, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и член-корреспондент, профессор, Красноярск ксилографиемкIэ щыIэ студием и къызэгъэ­пэщакIуэ икIи абы и унафэщI Пащты Герман яIущIащ Налшык къалэм и курыт еджапIэ №20-м и егъэджакIуэхэмрэ гъэсэнхэмрэ. 

Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм и нэщэнэ

«Кавказым ис лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэм и Кубокыр» фIэщыгъэр зезыхьэ, гъуэ­гуанэ кIыхь шыхэмкIэ зэ­пычыным хуэунэтIа зэхьэ­зэхуэ иджыблагъэ ирагъэ­жьащ. Абы хэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Дагъыстэным, Шэшэным я шууей 200-м нэблагъэ. 

Хущхъуэхэр нэхъ тыншу къащэхуфын папщIэ

Урысей Федерацэм и Правительствэм къуажэхэм щып­сэухэр хущхъуэхэмкIэ къызэгъэпэща зэрыхъуным, ахэр тыншу къащэхуфыным  хуэу­нэтIауэ лэжьыгъэ пыухыкIахэр ирегъэкIуэкI.