|
|
Календарь событий
30 сентября 2024
30 сентября, 2024 - 17:29
ЩIыуэпс, техноген нэщэнэ зиIэ къызэрымыкIуэ къэхъукъащIэхэм цIыхухэмрэ щIыналъэхэмрэ ящыхъумэным и IэнатIэм ехьэлIа хъыбархэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм зэрыщызэхуахьэс икIи абыхэмкIэ зэрыщызэрахъуажэ Хабзэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
30 сентября, 2024 - 17:00
ФокIадэм и 30,
блыщхьэ
ЗэдзэкIакIуэм и дунейпсо махуэщ
Абхъаз Республикэм и лъэпкъ гуфIэгъуэщ – Куржы-Абхъаз зауэм къыщихьа ТекIуэныгъэр егъэлъапIэ
1960 гъэм Налшык лэжьэн щыщIидзащ алэрыбгъу щащI «Горянка» фабрикэм.
1930 гъэм къалъхуащ США-м щыIэ Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэм жыджэру хэта, егъэджакIуэ Хьэвжокъуэ Маждэ.
1947 гъэм къалъхуащ Сирием шынагъуэншагъэмкIэ и къарухэм я генерал-полковник, жылагъуэ лэжьакIуэ Абазэ Уэлид.
30 сентября, 2024 - 16:31
Адыгэ щэнхабзэм, гъуазджэм дихьэх, лъэпкъ тхыдэр зылъытэ бзылъхугъэщ Табыхъу - Сэрахъэ Заринэ. И IэщIагъэкIэ имиджмейкерщ, фэилъхьэгъуэхэр екIуу зыгъэщIэращIэ IэпэIэсэщ, торт дахэхэр зыщI бзылъхугъэщ.
30 сентября, 2024 - 16:28
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэр щегъэджэным теухуа егъэджэныгъэ программэр щызыгъэзащIэ еджапIэ IуэхущIапIэхэм сабийм зэращыкIэлъыплъым икIи зэрыщызэрахьэм пэкIуэу адэ-анэм щIат пщIэм щыщ Iыхьэу хухалъхьэжынур зэрагъэувыну икIи ар зэрыратыну щIыкIэм и IуэхукIэ
30 сентября, 2024 - 16:11
Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэм ирихьэлIэу Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и вице-президент, ДАХ-м и Хасащхьэм хэт ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къеIытха интервьюм щыщ. Адыгэхэм я махуэм и мыхьэнэм, абы лъэпкъым дежкIэ иIэ щхьэпагъым тедгъэпсэлъыхьащ нэхъыжь Iумахуэр.
«Адыгэу дунейм тетым ящыщу пщIы къэсыхункIэ бгъур щыпсэур хамэ щIыпIэщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ахэр зыхэс лъэпкъхэм хуэм-хуэмурэ яхошыпсыхьыж. Зы илъэс тIощI-щэщI хуэдиз дэкIмэ, ады¬гэ¬бзэр зыщIэж щымыIэу къэ¬нэнкIэ шынагъуэщ. Абы уи гур иримыу¬зынкIэ Iэмал иIэкъым.
30 сентября, 2024 - 16:05
Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым ис адыгэхэм я зэпыщIэныгъэхэм нэхъри зригъэужьу, лъэпкъ зэкъуэтыныгъэр игъэбыдэу, диалект зэмылIэужьыгъуэу зэхэт ди бзэр зэдагъэлажьэу «Адыгэ макъ», «Адыгэ псалъэ», «Черкес хэку» газетхэм къыхалъхьауэ ирагъэкIуэкI журналист зэдэлэжьэныгъэм къыпызыщэ зекIуэр Адыгэ Республикэм щыдгъэкIуащ. Тау Замирэ сэрэ Черкесск къыщыщIэддза Iуэху дахэм Мейкъуапэ щыпытщащ шэрджэс журналист Аслъэныкъуэ Мадинэрэ сэрэ.
30 сентября, 2024 - 15:29
«Тамик, си къуэрылъху цIыкIу! НыбжесIэжыну Iуэхугъуэр теухуащ сэ си къуэш, уэ - уи адэшхуэм и къуэш Владимир. Си хъыбар кIэщIым кIэух дахэ иIэщ, къедаIуэ». Мы хъыбарыр нэхъ ипэкIи зи гукъэкIыжхэм фыщыдгъэгъуэза КIэрашэ Михаилщ къызыбгъэдэкIыр. Тхылъ къыщыдигъэкIым абы сыдэлэжьауэ щытащ, и тхыгъэхэр адыгэбзэкIэ хузэздзэкIыу. Илъэс 65-кIэ узэIэбэкIыжмэ къэхъуа Iуэхущ дызыхигъэплъэжри.
30 сентября, 2024 - 15:00
Генерал-майор хъуху урысыдзэм хэта, зауэ зыбжанэм лIыгъэ къыщызыгъэлъэгъуа, адыгэ (абазэ) щIалэ Къаз-Джэрий (щыпсэуар 1807 - 1863 гъэхэрщ) и тхыгъитI – «ХьэжытIэгъуей аузымрэ» «Къэжэр таурыхъымрэ» Пушкин Александр къыдигъэкI «Современник» журналым къытрадзат. УсакIуэшхуэр тхакIуэ ныбжьыщIэм къыщытхъуауэ щытащ. «ХьэжытIэгъуей аузым» гулъытэ лей къыхуищIат критик цIэрыIуэ Белинскэми.
30 сентября, 2024 - 14:42
ЦIыхур и IэщIагъэ-щIэныгъэкIэ фIыуэ кIуэтами, зэфэн псы къабзэ куэдым щамыгъуэт зэманщ дыщыпсэур. Псыр – псэ хэлъхьэжщ, жызыIар адыгэщ. Ауэ дипсхэм я къабзагъэр къэппщытэн щIэбдзэмэ,псалъэжьым щIэлъ гупсысэр яIэщIэхуам хуэдэщ.
30 сентября, 2024 - 14:39
Франджы тхакIуэ Антуан де Сент-Экзюпери и «Пащтыхьыкъуэ ЦIыкIу»-р («Маленький принц») адыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар къэбэрдей усакIуэ Къармэ Iэсиятщ.
30 сентября, 2024 - 14:00
Нобэ дигу къыдогъэкIыж Урысейм мы гъэм Iэтауэ щагъэлъапIэ, япэ космонавт хъуауэ щыта Гагарин Юрий и гъащIэр. Абы и и илъэс 90-м теухуа фэеплъ Iуэхугъуэхэр къэралым и къалэ куэдым щокIуэкI.
Москва удз гъэгъахэр щагъэтIылъ Гагариныр щыщIалъхьа щIыпIэм (Кремлым и блыным деж). А Iуэхум зрагъэхьэлIэ космонавтхэмрэ а IэнатIэм епха IэщIагъэлIхэмрэ. Удз гъэгъахэр щагъэтIылъ Байконур космодромми.
30 сентября, 2024 - 13:37
Адыгэ тхакIуэ Шыгъушэ Алий и Iэдакъ экъыщIэкIа мы тхыгъэм хэлъ гупсысэр куэдым ягу ирихьыну, къахуэщхьэпэну къэтлъытэу тыдодзэ «Уэращ си напэр» рассказыр.
30 сентября, 2024 - 13:00
Гъэ къэси хуэдэу, КъБР-м и Мэжджытышхуэм фокIадэм и пэм щекIуэкIащ КъурIэн лъапIэм къеджэнымкIэ щIыналъэ зэпеуэ.
|