Календарь событий

01 октября 2024

«Дыгъэ псэ матэм» илъ усыгъэ

Псэм зыхищIэм уиутIыпщыркъым. А зыхэщIэр усэми къыхэкIыфынущ. УсэфIыр зыхыбощIэ, уегъэтынш, хуит е гъэр уещI икIи къоныкъуэкъу. Уи гъусэ мэхъу! УпщIи, жэуапи, чэнджэщи, нэгъуэщI куэди щыбогъуэт, жэуап зыкъомым умылъыхъуэми зэрыхъуну нэгъунэ – куэд хэлъщ гъащIэ усэм. Ауэ нэхъыщхьэр абы псэм хуиIэ лъагъуэрщ. Утехьэу, урикIуэу, уримыкъуу, укъехуэхыу, удэплъейуэ… А лъагъуэм къытепх къомым нэмыщI, уэ пщыщ зыкъоми тыбоутIыпщхьэ. А лъагъуэм ущыхохъуэ. Апхуэдэу ухэтщ ЛIыкъуэжь Нелли и усэ лъахэм. Абдежым щIыуэпсыр щопсалъэ, гухэлъыр щохуабэ, зэманыр щокIэрахъуэ, лъэпкъ гурыгъузыр щоятэ. 

Узыдэплъеипхъэ цIыху

 Дызэрыт мулид мазэм и цIэ къипIуэну хуэфащэщ ислъамым теухуа усэрэ гупсысэрэ зи куэд, нэмыцэ усакIуэ цIэрыIуэ Гёте Иоганн 
 Вольфганг. 

Уумейр IэфIщ

Тэрч районым и хабзэхъумэхэм къагъуэтащ «Камаз» машинэ хьэлъэм монитор изыдыгъукIа бзаджащIэр. Абы и гугъат къигъэкIуэса хьэпшыпыр телевизорым ипIэкIэ къигъэсэбэпыну.
2024 гъэм фокIадэм и 27-м Тэрч ОВДМ-м къэпсэлъащ машинэ къехуэкIыкIэ щрагъасэ IуэхущIапIэм и унафэщIыр. Абы зэрыжиIамкIэ, фокIадэм и 26-м еджапIэ пщIантIэм дэта «Камазым» ирадыгъукIат ПДД-мкIэ экзамен зэрат компьютерым и мониторыр. Ар и уасэщ сом 6500-рэ. 

Псэр зыгъэлъатэ

«Кабардинка»-м зэманкIи гъуэгуанэкIи куэд къызэпичащ, зихъуэжащ, зиужьащ. Адыгэ хабзэм нэхъ тегъэщIауэ и къафэхэр зэригъэувым ущымыгуфIынкIэ Iэмал иIэкъым. Дыкъыщымыфэжми, ар щытлъагъукIэ ди псэр лъэтэным хуэдэщ, ди гурыщIэхэр къокъубей. Си гуапэщ и уардагъэр ихъумэу ар илъэс минхэм дэбэкъуэну».

Гу зылъытапхъэ!

Урысей Федерацэм и МВД-м Налшык къалэм щиIэ Управленэм щыхоплъэ УФ-м и Уголовнэ кодексым и 2-нэ Iыхьэм къыщыгъэлъэгъуа щIэпхъаджагъэм хуэдэмкIэ ягъэкъуаншэхэм къыхузэIуаха Iуэхум. 
Налшык къалэ Тэрчокъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым къат куэду зытет унэ щаухуэну ирагъэжьар нэпцIу, абы зи ахъшэ хэзылъхьахэр къагъэпцIауи къыщIэкIащ. 
Къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, а унэр зыщI IуэхущIапIэм Налшык къалэ Профсоюзнэ уэрам 212 «а»-м щыIэ «Мали» комплексым нэгъуэщI унэ щаухуэ. 

Алыдж щхьэхуитыр

1453 гъэм тыркудзэхэм адыгэхэр АлыджкIэ дызэджэ Грециер къащтащ, абдежми къэралыр хамэ унафэм щIэхуащ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, ар хуабжьу я жагъуэт зи щхьэхуитыныгъэр зыфIэкIуэдахэм, ауэ алыджхэр лIэщIыгъуэ зыбжанэкIэ щIэбэнын хуей хъуащ бжьым къыщIэкIыным. 
ЖытIэнщи, а бэнэныгъэр зэи увыIакъым. Грек лIыхъужьхэр куэдрэ хущIэкъуащ бийхэр я хэкум ирахужыным. АрщхьэкIэ абыхэм я зыкъэIэтыныгъэр сыт щыгъуи гущIэгъуншэу хапIытIэрт.

ЗимыIэм къегупсыс

2014 гъэм фокIадэм и 20-м япэу ягъэлъэпIауэ щытащ Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр. Абы лъандэрэ иджы епщIанэу кърахьэжьэ лъэпкъ Iуэху дахэр, гъэ къэси цIыху нэхъыбэ кърихьэлIэу, Iуэхугъуэ нэхъыбэ къыщаIэту Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэхэм щрагъэкIуэкI.

ЩIыуэпсыр зыхэзыщIа сурэтыщI

Шишкин Иван Вятской губернием щыщ Елабуг къалэм сондэджэр унагъуэм къыщалъхуащ.

НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 1, гъубж

Зи ныбжь хэкIуэтахэм я дунейпсо махуэщ 
Макъамэм и дунейпсо махуэщ 
Лы мышхыным и дунейпсо махуэщ 
Кофем и дунейпсо махуэщ 
УФ-м и лъэсыдзэхэм я махуэщ 
1924 гъэм
Налшык егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр техникум къыщызэIуахащ. 
1933 гъэм Налшык Лениным и цIэр зэрихьэу дэт еджапIэ къалэ цIыкIум къыщызэрагъэпэщащ лъэпкъ студие. 
1906 гъэм къалъхуащ къэбэрдей тхакIуэ, драматург Нало Жансэхъу.