Календарь событий

04 октября 2024

2024 гъэм и щIышылэ-шыщхьэуIу мазэхэм

Дызэрыт илъэсым и мазийм къриубыдэу республикэм и промышленнэ индексыр проценти 115,5-рэ хъуащ. Къыхэдгъэщынщи, щIыналъэм экономикэмкIэ и IэнатIэхэм къагъэлъэгъуа индексхэр зэхуэдэкъым.

ЩIэныгъэм и жылэр тхутезыса Нэгумэ Шорэ

Зыхэт гъащIэр сыт хуэдизу хьэлъэми, кIыфIми, Нэгумэр и лъэпкъым и пщэдейм фIыкIэ хуэплъэрт. Абы фIэщхъуныгъэ ин хэлъар нэхъ куууэ къызыхэщыр, зыхэплъагъуэр 1843 гъэм иуха и грамматикэм хуищIа хэзыгъэгъуазэрщ. Япэ адыгэ щIэныгъэлIым и гурылъ-гурыщIэ лъагэхэр къыщыIуэта а тхыгъэр фIэщхъуныгъэрэ пэжагъ куукIэ гъэнщIащ, псалъэм и зэфIэкIыр Iэзагъышхуэ хэлъу къыщыгъэсэбэпащ, узэреджэу псэкIэ зыхыбощIэ къэхъун-къэщIэнхэр къэзыхутэф, художественнэ зэфIэкIхэр зыбгъэдэлъ цIыхум и IэдакъэщIэкIыу ар зэрыщытыр.

УнафэщIхэр хахащ

Черкесск къалэм фокIадэм и 28-м щекIуэкIащ Къэрэшей-Шэрджэс республикэм ис муслъымэнхэм я XI съезд. Абы и лэжьыгъэм хэтащ КъБР-м Муслъымэн IуэхущIапIэм и унафэщI, муфтий Дзасэжь Хьэзрэталийрэ Кавказ Ищхъэрэ ислъам университетым и ректор Чочаев Шарафутдинрэ. Съездыр щекIуэкIащ Черкесск къалэм ЩэнхабзэмкIэ и уардэунэм. 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж щыIэ Экспорт советым хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм дыгъэгъазэм и II-м къыдигъэкIа Указ №I55-УГ-мкIэ щIэгъэбыдам зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 4,
мэрем

Псэущхьэхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ 
Урысейм и Дзэ-Хьэрш къарухэм я махуэщ 
УФ-м и МЧС-м граждан зыхъумэжыныгъэмкIэ и дзэхэм я махуэщ 
1921 гъэм
РСФСР-м и Къэрал банкыр къызэрагъэпэщащ. 
1957 гъэм СССР-м хьэршым иутIыпщащ ЩIым и япэ IэрыщI спутникыр. 
1986 гъэм «Iуащхьэмахуэ лъапэ» къэрал лъэпкъ паркыр къызэрагъэпэщащ. 
1957 гъэм къалъхуащ журналист, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ Къумахуэ Аслъэн. 

Урысейм и Тхылъ Плъыжьым иратхащ

Жэпуэгъуэм и 4-р Псэущхьэхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ. Ар зыхуэгъэзар дыкъэзыухъуреихь дунейм и хъугъуэфIыгъуэхэр, Iущагъэ ин тхэлърэ дысакъыу, къызэрыдгъэсэбэпыным ди гупсысэр хуэтшэнырщ. 
Куэдыр топсэлъыхь ди планетэм псэущхьэу тетым я лъэпкъыгъуэ зыбжанэ илъэс щIагъуэ къэмынэу зэрытекIуэдыкIым. И щхьэусыгъуэри гурыIуэгъуэщ: щIыуэпсым и беягъэр щысхьыншэу къызэрыдгъэсэбэпырщ, мэзхэмрэ псыпцIэхэмрэ я мызакъуэу, ахэр зи хэщIапIэ псэущхьэхэмрэ къуалэхэмрэ я бжыгъэми, къэгъазэ ямыIэу, зэрыкIэрыдгъэхурщ. 

Гъуэгу шынагъуэ

Урысейм и Президент Путин Владимир иджыблагъэ УФ-м ШынагъуэншагъэмкIэ и советым щыжиIащ ди къэралым и ядернэ доктринэр зэрихъуэжыр. Ар иджырей зэманым къигъэувхэм ятещIыхьауэ дяпэкIэ щытынущ. Псалъэм и хьэтыркIэ, ядернэ Iэщэр къигъэсэбэпынущ Урысеймрэ Белоруссиемрэ я суверенитетыр ихъумэн мурадкIэ. Абы къыжьэдикъуэн хуейщ ди къэралым и курыт щIыналъэхэми къалъэIэсыну жыжьэрыуэ Iэщэр Украинэм езытыну зызыгъэхьэзырхэр. Псалъэм и хьэтыркIэ, атом бомбэхэр зимыIэ къэралхэри ди бийхэм хабжэнущ ахэр а Iэщэхэр зиIэ къэралхэм я гъусэу УФ-м зауэ къращIылIэмэ: зыри жэуапыншэу къэнэнукъым.

Дерс къыхахыпхъэт…

 СССР-у щытами, иджырей Урысейми дунейпсо утыкум щрагъэкIуэкI политикэр псом япэу зыхуэгъэзар шыIэныгъэмрэ худэчыхыныгъэмрэт. Ди къэралыр щыгугъырт ар зэхащIыкIыным, езыхэри а щапхъэм ирикIуэным. АрщхьэкIэ зэманым къигъэлъэгъуащ США-ми «Европэ зэкъуэт» жыхуаIэми егъэщIылIауэ апхуэдэ бгъэдыхьэкIэр къызэремызэгъыжыр: ахэр нэхъри ди къэралым къытогуплIэ, и бийуэ сыт хуэдэ Iуэхури ялэжь хъуну къызыщагъэхъу. БлэкIами дерс къыхахыркъым. Абы щыгъуэми, Совет Союзыр куэдрэ къигъэлъэгъуащ къыкIэлъызэрахьэ дэтхэнэ щIэпхъаджагъэми жэуап зэрыритыжыфыр икIи зэрыритыжынур.