Календарь событий

08 октября 2024

Гум дыхьэ макъ

«Уэрэ сэрэ» уэрэдым псоми я сабиигъуэр ягу къегъэкIыж жытIэмэ, дыщыуэну къыщIэкIынкъым. Ар иджыблагъэ Апэнэс Астемыр и гъусэу утыку щIэрыщIэу къытхуизыхьэжа Дау Аминэ и макъ дахэмрэ уэрэд жыIэкIэмкIэ цIыху куэдым я гум дыхьэну хунэсащ.

Гупсысэ щIэщыгъуэхэр къызыхэщ тхыгъэхэр

КхъуэIуфIэ (Жэмбэч) Рабия зэманым декIуу къалэмыр зыгъэIэрыхуэ тхакIуэщ, усакIуэщ. Философскэ гупсысэкIэ гъэнщIащ Рабия «Гупсысэ чырэ» зыфIища теплъэгъуэхэри. Ахэр теухуащ гъащIэм, цIыхум и хьэл-щэнхэм, лъагъуныгъэм, насыпым, узыншагъэм, гугъэм, нэгъуэщI гущIагъщIэлъхэм. ТхакIуэм и рассказхэм къахощ ар гъащIэм набдзэгубдзаплъэу зэрыкIэлъыплъыр, куэд къызэрыгурыIуэр, зэрызэригъэзахуэр. Рассказхэр нэхъыбэу зытеухуари езым илъэгъуа, зыхищIа Iуэхугъуэхэщ.

Зэгухьэныгъэхэм ялэжьыр куэдщ

2021 - 2024 гъэхэм къриубыдэу Дунейпсо Адыгэ Хасэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм топсэлъыхь ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий;

Къуажэжьым ихъумэ хъугъуэфIыгъуэхэр

   ХьэпцIейм нэхърэ нэхъ къуажэ зэгъэпэща Къэбэрдей-Балъкъэрым щыбгъуэтынкIи хъунущ, ауэ Тэрч псыхъуэм хуэдэу псэм зыщигъэпсэху щIыпIэ, абы къыщыхъуа цIыхухэм нэхърэ нэхъ псэ хьэлэл, ерыскъыр нэхъ щыберычэт, хьэщIэр нэхъ зыщымысхьыжу щагъафIэ жылэ зэрыгъуэтыгъуей дыдэм шэч къытевмыхьэ. А псом къадэкIуэу, къалэшхуэхэм япэIэщIэ къуажэжьым зэманым и Iэ щIыIэм зыIэщIримыгъэхауэ ехъумэ лъэпкъым къыдекIуэкI зэхущытыкIэ гумащIэри, псэукIэ зэпIэзэрытри, лэжьэкIэ жанри, цIыху IэпщIэлъапщIагъэри, пщэфIэкIэ гунэсри, иджыпсту ящыгъупщэжа бзэм и хъугъуэфIыгъуэхэри.

Яхэти-яхэмыти

Хьэтхыкъуэ Мыхьэмэт-гъуазэм теухуа хъыбар къызэрымыкIуэр Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ цIэ лъапIэр зыхуагъэфэща Шэрджэс Алий къыжезыIэжар Инжыдж ЦIыкIу и Iуфэм Iус Зеикъуэ къуажэм дэса Чыржын Хъусинщ.  

- Мыхьэмэт къыщалъхуар Лабэрэ Псыжьрэ я зэпыхьэжыпIэм Iуса адыгэ къуажэжьхэу пащтыхьыдзэм игъэсахэм ящыщт, нэхъ тэмэму жытIэмэ, щапIар аращ, - ар и къыщIэдзэкIэт Чыржыным.

Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм папщIэ

Урысей Федерацэм и ДОСААФ-м и щIыналъэ къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм и Егъэджэныгъэ спорт-техникэ центрым и хэщIапIэм деж псапащIэ Iуэхугъуэу мазэм зэ-тIэу щызэхуахьэс дзэ Iуэху хэхам хэтхэм хурагъашэ ерыскъыхэкI, щыгъын, Iэмэпсымэ, тепIэнщIэлъын, генератор, палаткэ, хущхъуэхэр, н. къ. хьэпшыпхэр.

ЗыгъэпсэхуакIуэ къытхуэкIуэхэм къахохъуэ

   Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыгъэпсэхуну къакIуэхэм я бжыгъэм хэхъуэн папщIэ, хьэщIэщхэр  иджырей мардэхэм тещIыхьауэ зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къыщызэрагъэпэщ.

Мы гъэм и мазибгъу блэкIам къриубыдэу ди щIыналъэм зыщаплъыхьыну, зыщагъэпсэхуну къэкIуахэм я бжыгъэр, 2023 гъэм и апхуэдэ пIалъэм етлъытмэ, процет 14,5-кIэ хэхъуащ: цIыху мелуанрэ мини I00-рэ хъууэ щытамэ, мелуанрэ мин 400-м нызэрыхьэсащ.  

Ди къуэш республикэхэм

Туризм IэнатIэм теухуауэ

СЫХЪУМ. 2024 гъэм щэкIуэгъуэм и 1 - 2-хэм Гагрэ къалэм щекIуэкIынущ «Visit Apsny» дунейпсо зэхуэс. Абхъазым туризмэмкIэ и зэгухьэныгъэм и унафэщI Калягинэ Аннэ зэрыжиIамкIэ, абы къыщыпсэлъэнущ Абхъазым, Урысей Федерацэм, Тыркум туризмэмкIэ я IэщIагъэлIхэр.

         ЗэIущIэм щытепсэлъыхьынущ туризмэ IэнатIэмрэ абы пыщIауэ лажьэ хьэщIэщхэмрэ зегъэужьынымкIэ, маркетинг Iуэхугъуэхэр пхыгъэкIынымкIэ, фIагъ лъагэ зиIэ Iуэхутхьэбзэхэр туристхэм ягъэгъуэтынымкIэ щыIэ Iэмалхэм. 

НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 8, гъубж

УФ-м щагъэлъапIэ кхъухьхэм - псым тетхэми, псы щIагъым щIэтхэми, уэгум итхэми - я командирхэм я махуэр

1860 гъэм Бахъсэн цIыхубэ судыр къызэрагъэпэщауэ щытащ.

1928  гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик, АР-ми УФ-ми щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ ЗекIуэхъу Увжыкъуэ.

1935 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, профессор Умар Анатолэ.