|
Календарь событий
14 октября 2024
14 октября, 2024 - 16:55
Илъэс къэс ар зэрагъэлъапIэр и нэщэнэщ къэрал зэхуаку экономикэм зегъэужьыным, промышленностымрэ сатумрэ я зэфIэкIхэмкIэ зэхъуэжэным, тIуми я сэбэп зыхэлъхэр пхыгъэкIыным, технологие пэрытхэр къэгъэсэбэпыным - а псоми яхуэгъэзауэ пщалъэхэм ягъэзащIэ мыхьэнэр зэрыин дыдэм.
14 октября, 2024 - 16:26
Жэпуэгъуэм и 14, блыщхьэ
Пщалъэхэм я дунейпсо махуэщ
Урысейм и мэзкъуэдыхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
1964 гъэм Брежнев Леонид КПСС-м и ЦК-м и Секретарь Нэхъыщхьэ къулыкъум ягъэуващ.
1948 гъэм къалъхуащ режиссёр, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Темрокъуэ Риммэ.
14 октября, 2024 - 16:02
Пятигорск (Псыхуабэ) къалэм и ищхъэрэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ къыщытщ Iуащхьэ дахэшхуэ, МэшыкъуэкIэ зэджэр. Абы метр 993,7-рэ и лъагагъщ, къызэрахутамкIи, лъэхъэнэ жыжьэм а щIыпIэм деж къэбэкъауэ къыщикIыну къеIэурэ, Iуащхьэр къыдрихуеяуэ аращ. НобэкIэ Мэшыкъуэ зыгъэпсэхупIэ, узыншагъэр щызэтрагъэувэж, нэгузыужь IуэхущIапIэ куэд тращIыхьами, нэхъапэIуэкIэ абы мыхьэнэшхуэ иIэу щытащ, тхыдэшхуи и щIыбагъ къыдэлъщ.
14 октября, 2024 - 16:00
Къэбэрдей-Балъкъэрым и автоинспекторхэм дохутыр дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэ сабийр псынщIэу сымаджэщым яшащ икIи дохутырхэм щIалэ цIыкIур щытыкIэ гугъум, псэзэпылъхьэпIэ зыхужыпIэ хъунум, кърашащ.
Республикэм и Бахъсэн районым щыщ Къубэ-Тэбэ къуажэм и дэлъэдапIэм хуэзэ къулыкъур щезыхьэкI къэрал автоинспекцэм и лэжьакIуэхэм я деж иджыблагъэ къыщыувыIащ «Лада Гранта» автомашинэр. Абы и рулым дэсым къажриIащ къэувыIэпIэ комплексым деж зы цIыхухъурэ зы цIыхубзрэ гузэвэгъуэ я нэгум къищу зэрытетыр, адэм и IэплIэм илъ сабийм зыгуэр къыщыщIауэ фэ зэрыриплъар.
14 октября, 2024 - 15:53
Нобэрей гъащIэм хэпсэукIхэм, зыхуей-зыхуэчэмхэр зрагъэхъулIэн хьисэпкIэ, щIыуэпсым яхуэмыгъэкIуэдыжын ныкъусаныгъи зэраныгъи щрахыр нэхъыбэщ, апхуэдэу щIэхъум и щхьэусыгъуэр я щхьэ къимыхьэрэ планетэм лIэщIыгъуищэкIэрэ щызэтепсыхьа щытыкIэр зэман кIэщI дыдэм къриубыдэу зэрызэIащIэр ягъэнэрылъагъуу.
Ауэ щыхъукIи, дыкъэзыухъуреихь дунейм хэхауэ яхъумэ и щIыпIэхэр (мэзкъуэдыхэмрэ мэзгъэфIэнхэмрэ) зэрыхагъэунэхукIар IэмалыфIщ псэущхьэхэмрэ къэкIыгъэхэмрэ ижькIэрэ зэрыщытауэ къызэтегъэнэнымкIэ.
14 октября, 2024 - 15:21
Абы фIэкIри, зы теуэгъуэфI икIуауэ, мэлыхъуэ пщыIэ хуэзащ. Абыи, жэщ хъуати, щыхьэщIащ икIи къыжраIащ кIуэн хуэмейуэ. АрщхьэкIэ къимыгъэзэжу тешэсыкIыжащ. Ари Дэгужьым и мэлт.
14 октября, 2024 - 14:25
Зы унагъуи щыIэу къыщIэкIынкъым Хэку зауэшхуэм ди къэралым къыщихьа ТекIуэныгъэм и гуащIэ хэмылъу. Бийр Хэкум къыщытезэрыгуэм абы и цIыхухэр зылI и быну зэкъуэувэри, лейзехьэхэм псэемыблэжу япэщIэтащ. Щхьэхуит гъащIэм, мамыр псэукIэм, щIэблэм я къэкIуэну дахэм папщIэ я псэр ятащ цIыху мелуан бжыгъэхэм. Абыхэм зэрахьа лIыхъужьыгъэм увыпIэ щхьэхуэ щеубыд тхыдэм.
14 октября, 2024 - 14:20
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и лIыкIуэхэр иджыблагъэ хэтащ Псыхуабэ щекIуэкIа, «Кавказ Ищхъэрэмрэ стратегие IэмалыщIэхэмрэ» фIэщыгъэр зыгъуэта Дунейпсо щIэнIуатэм.
14 октября, 2024 - 14:18
Налшык къалэм дэт шыгъэжапIэм и гупэм деж иIэ утыкум щэбэт кIуам щрагъэкIуэкIащ Мэкъумэш хозяйствэмрэ ерыскъыхэкIым елэжь промышленностымрэ я лэжьакIуэхэм я махуэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэща мэкъумэш-промышленнэ гъэлъэгъуэныгъэ.
|