Календарь событий

16 октября 2024

Зэхьэзэхуэ инхэм зыхуагъэхьэзыр

Мэзкуу областым щыIэ «Парамоново» спорт базэм иджыблагъэ наIуэ къыщыхъуащ Урысей Федерацэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ и командэ къыхэхам хэту а спорт лIэужьыгъуэмкIэ дуней псом пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ Албанием и къалащхьэ Тиранэ щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм кIуэнухэр. Абы зыкъыщызыгъэлъэгъуэнухэр зи ныбжьыр илъэс 24-м щIимыгъуахэрщ.

IуэхущIапIэр зрегъэлъагъу

Аруан щIыналъэ администрацэм и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ ЛIыжьыкъуэ Хьэзрит, щIыпIэ администрацэм Мылъкухэмрэ щIымкIэ, мэкъумэш IуэхущIапIэхэмкIэ и управленэм и унафэщI къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Къанкъул Хьэчим и гъусэу иджыблагъэ щыIащ мыIэрысэм къыхэщIыкIа мэрзей къыщыщIагъэкI «Пастилушка» IуэхущIапIэм. ХьэщIэхэм зрагъэлъэгъуащ ар и къалэнхэм зэрехъулIэ щIыкIэр икIи IущIахэщ абы и унафэщI Къунаш Елдар.

ЩIэупщIэшхуэ зиIэр

«ЩIакхъуэм и махуэ» зыфIащар щыIэн зэрыхуейм теухуауэ япэ дыдэу жэрдэм къыщыхалъхьауэ щытар ЩIакхъуэгъажьэхэмрэ IэфIыкIэ зыщIхэмрэ я зэгухьэныгъэм 2006 гъэм иригъэкIуэкIа зэхыхьэрщ.

Бэрэгъун Заур япэ йощ

Япэ каналым иригъэкIуэкI «Голос. Дети» макъамэ теленэтыным ди щIыналъэм щыщу хэт Бэрэгъун Заур етIуанэ Iыхьэм щыпхыкIащ.

Лъэныкъуэ едгъэза адыгэцIэхэр

Культурологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, филолог, искусствовед, зэдзэкIакIуэ Къурашэ Артур илъэс куэд щIауэ адыгэцIэхэр едж. «Социалистическая Кабардино-Балкария» газетым и зи чэзу къыдэкIыгъуэу 1941 гъэм щIышылэм и 1-м дунейм къытехьар дэфтэрхэм къахихыжауэ щриплъэм, Артур гу лъитащ абы ит цIэ гъэщIэгъуэнхэм. Абы щыгъуэщ щIэныгъэлIыр а Iуэхум яужь щихьари.

АдыгэлI

IутIыж Борис лъэпкъ литературэм хуищIа хэлъхьэныгъэр къыпхуэмылъытэнщ, лъагъуэ бгъуфIэ щыхишащ абы а унэтIыныгъэм, жанр зэхуэмыдэхэм зэфIэкI лъагэхэр къыщигъэлъагъуэу. Абы и гуащIэр зыхуэдам, и лэжьыгъэм теухуауэ жаIахэм фыщыдогъэгъуазэ.

Мэзытхьэ къыдэуи!

Къуажэм дэкIри, Нэгей и къуэ Лъэпщагъуэ мэз лъапэм пщыIэ щыхисащ. Гъунэгъу пщыIэм зы мыщэ, зы дыгъужь, зы бажэ тест.

КъуийцIыкIуокъуэ Дэгужьрэ ЕщIэнокъуэ Атэбийрэ я хъыбар

ЕщIэнокъуэ Атэбий а щIалитIыр иIэ хъуауэ, ахэри щIалэ танэфI хъуахэу, зыгъэлIэн узыр ефыкIыу Атэбий сымаджэу гъуэлъащ. Ар зэрысымаджэ уэндэгъур джэгуакIуэхэм зэхахащ. КIуащ абы деж джэгуакIуитI: «Мы лIы хъарзынэу дунейм тетам тIэкIу дыбгъэдэсыжынщ, абы адэкIэ уэсят къедгъэщIыжынщ, и гуныкъуэгъуэ жедгъэIэнщ», – жари.

ЕгъэджакIуэм и псалъэ

ЦIыхум иIэну зэфIэкIыр, и утыку ихьэкIэрэ цIыху хэтыкIэрэ зыхуэдэ хъуныр куэдкIэ елъытащ щыцIыкIум зыхилъхьэ хьэлхэм. Аращ адыгэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ сабийм и гъэсэныгъэм щIегугъуу щIыщытари. Япэм я быныр къану яту щытамэ, ди зэманым сабийм и щIэныгъэми гъэсэныгъэми курыт школым щыкIэлъоплъ. Псом хуэмыдэу абы и лъэныкъуэкIэ къалэн нэхъыбэр къызытехуэр пэщIэдзэ классхэм щезыгъаджэхэрщ.

НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 16, бэрэжьей

♦Ерыскъым и дунейпсо махуэщ

♦ЩIакхъуэм и дунейпсо махуэщ

♦Анестезиологым и дунейпсо махуэщ

♦1991 гъэм Налшык щызэхэтащ КъБР-м ис лъэпкъхэм я нэхъыжьыфIхэм я зэхуэс.

♦1868 гъэм къалъхуащ Къаир щыщ адыгэ тхакIуэ цIэрыIуэ, «хьэрып усакIуэхэм я пащтыхьу» къалъытэ Щэукъий Ахьмэд.