Налшык дэт гимназие №1-м щIэблэр хэкупсэу гъэсэным хуэунэтIа зэIущIэ щекIуэкIащ, «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ и къудамэм къызэригъэпэщауэ. Абы хэтащ фондым хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ къэрал IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Мзокъуэ Темболэт, цIыхухэм ядэлэжьэнымкIэ фондым и IэщIагъэлI Кульчиев Тамерлан сымэ.