Календарь событий

21 октября 2024

МЕДИКО-ПСИХОЛОГИЧЕСКАЯ ПОДДЕРЖКА

Медицинские психологи помогут и поддержат при любых тревожных состояниях

Гъуащхьэтет цIэрыIуэ Хьэпэ Заур илъэс 60 ирокъу

Нобэ и ныбжьыр илъэс 60 ирокъуа гъуащхьэтет цIэрыIуэ Хьэпэ Заур фIэкIа Къэбэрдей-Балъкъэрым нэгъуэщI зы футболисти къихъуакъым командэ зэмылIэужьыгъуэхэм яхэту къэралитIым я чемпион хъуауэ. Адыгэм и щIыхьыр дунейм и щIыпIэ куэдым абы щиIэтащ. Совет Союзым и чемпионатым Хьэпэ Заур зэIущIэ 36-рэ щригъэкIуэкIащ. Урысей Федерацэм и лигэ нэхъыщхьэм зыкъыщигъэлъэгъуащ джэгугъуэ 204-м икIи абыхэм ящыщу 65-м и гъуэм топ къыдагъэкIыфакъым. Иужь илъэсийм ар зэпымыууэ Мэзкуу и «Локомотив»-м и гъуащхьэтетхэм я тренерщ, тренер нэхъыщхьэ къулыкъур щрихьэкIаи щыIэу. Дохъуэхъу иджыри куэдрэ и цIэр фIыкIэ къраIуэу утыку итыну и щхьэгъусэ Терезэ узыншэу къыкъуэту я бынхэу Лаурэрэ Артуррэ я насып ялъэгъуну.

Акъылыншэр гъунэжщ

Зы лIыжь, пщIантIэм здыдэсым, и пхъумрэ и нысэмрэ пщэфIапIэм пкIэлъей щIахьауэ илъэгъуащ. «ПкIэлъейм сыткIэ хуей хъуа?» – игъэщIэгъуащ лIыжьым, бжэр Iуихри пщэфIапIэм щIэплъащ. ПкIэлъейр дапхъэм ираупсейри, лIыжьым и пхъумрэ и нысэмрэ теувэжат.

Зы псалъэм и тхыдэ

Адыгэбзэм хэт псалъэхэм я къэхъукIэм ехьэлIа тхыгъэ кIэщI цIыкIур и IэдакъэщIэкIщ филологие щIэныгъэхэм я кандидат КIуэкIуэ Лейла.

ЕплъагъулIэр ебгъуэтылIэжырт

Ди литературэмрэ щэнхабзэмрэ псэемыблэжу илъэс куэдкIэ хуэлэжьа КIурашын БетIал 1996 гъэм къыдигъэкIа «Гъуазэ» тхылъым итщ пшынауэ цIэрыIуэ Къашыргъэ КIурацэ теухуа тхыгъэшхуэ. А бзылъхугъэм и творческэ гъуэгуанэр абы лъэныкъуэ куэдкIэ къыщыгъэлъэгъуэжащ. А тхыгъэм къыщыхьащ КIурацэ фIыуэ зыцIыхуу щытахэм я гугъэкIыжхэри. Абыхэм ящыщ зыщ РСФСР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Блэнауэ Быцэ: 

УсакIуэшхуэм траухуэ

Республикэ сабий библиотекэ ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр зезыхьэм щекIуэкIащ «Я путь воспеваю и трудный, и смелый…» литературэ зэхыхьэ гуапэр. Ар къызэрагъэпэщащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ, Горький Максим и цIэкIэ щыIэ Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща КIыщокъуэ Алим къызэралъхурэ илъэси 110-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ.

ЦIыхубэ участковэ нэхъыфI

Къэбэрдей-Балъкъэрым жэпуэгъуэм и 7-м щаублащ «ЦIыхубэ участковэ» Урысейпсо зэхьэзэхуэм и етIуанэ (щIыналъэ) Iыхьэр.

Япэ Iыхьэми хуэдэу, полицэм и участковэ уполномоченнэхэм ящыщу етIуанэ Iыхьэм щытекIуар наIуэ хъунущ КъБР-м щыIэ МВД-м и сайтым Iэ щаIэткIэрэ.

ЕтIуанэ Iыхьэм хэхуащ зэпеуэм хэтхэм ящыщу 11, республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и щIыналъэ IэнатIэ псоми къабгъэдэкIхэр. Участковэхэр зэпеуэнущ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу кIэух Iыхьэм кIуэнымкIэ. ЕтIуанэ Iыхьэр републикэм щекIуэкIащ жэпуэгъуэм и 16 пщIондэ.

Бжьыхьэр къыщыджэкIэ…

Уэ умакъамэщ

Уэ умакъамэщ. Псалъэ хэмыту… си хьэуам щэхуу зыхэппхъэпауэ. Уэ умакъамэщ. ЩIыуэпсым щэхуу ухэтIысхьащи, сыпIейтеижкъым - сыпщIодэIу. Укъыстощащэ. Уэ умакъамэщ. Мы си Iэпкълъэпкъым лъынтхуэу ирикIуэм ухызогуашэ. Ухызогуашэри, хуиту собауэ. СыкъощIэращIэ, гъащIэм сыпохьэ, уи псэм сыIуощIэ. Зыри жомыIэу, си гум ущыIэу, уэ умакъамэщ.

Бёрнетт Фрэнсис и тхылъ телъыджэхэр

Илъэси 175-рэ ипэкIэ дунейм къытехьа инджылыз тхакIуэ Бёрнетт Фрэнсис «цIыхубз тхакIуэ» фIэпщыфынущ. Абы и тхыгъэхэм я нэхъыбэм лIыхъужь нэхъыщхьэу хэувэхэм я щэнри, абыхэм ядэтлъагъу гупсысэкIэри бзылъхугъэхэм я гъащIэ зэгъэзэхуэкIэр къыхощ.

НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 21, блыщхьэ

♦1994 гъэм Къэрал Думэм УФ-м и Граждан кодексыр къищтащ.

♦1881 гъэм къалъхуащ адыгэ пшынауэ Iэзэ, къызыхэкIа лъэпкъым и макъамэ щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр гъэбэгъуэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа Хьэгъэудж Мухьэмэд.

♦1937 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор ЛъэнкIэпIашэ Мусэ.

♦1963 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и дохутыр КIуэкIуэ Аслъэн.