Календарь событий

24 октября 2024

Лермонтовым и фэеплъу

Зи илъэси 210-р жэпуэгъуэм дгъэлъэпIа Лермонтов Михаил зэрыпсэуа илъэс мащIэмрэ абыхэм джэрпэджэж яхуэхъуа пщIэ абрагъуэмрэ зэплъытыным уегъэIэнкун, апхуэдизкIэ инщ абыхэм я зэхуакури. 

Кавказыбзэхэм ятхьэкъуа

Абдокъуэ Iэуес, шэч хэмылъу, бзэщIэныгъэм и тхыдэм къыхэнащ. Абы щыхьэт техъуэфынущ къыдеджахэри езыгъэджахэри, и тхыгъэхэм нэIуасэ хуэхъуахэри. Ар фIыуэ зыцIыхуу щытахэм а щIэныгъэлIыр куэдрэ гуапэу ягу къагъэкIыж. Абы и щыхьэтщ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор БакIуу Хъанджэрий и гукъэкIыж тхыгъэри.

УсакIуэшхуэм и фэеплъхэр

Урыс усакIуэ цIэрыIуэ Лермонтов Михаил къызэралъхурэ илъэс 210-рэ зэрырикъур жэпуэгъуэм и 15-м Урысейм и щIыналъэхэм я музейхэм, курыт еджапIэхэм, библиотекэхэм, усакIуэхэм я зэгухьэныгъэхэм Iэтауэ щагъэлъэпIащ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым Лермонтовым фэеплъитI щыхуагъэуващ. Зыр - усакIуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым 2006 гъэм щагъэуващ, адрейр - ХьэтIохъущыкъуэм и жыг хадэ ихьэпIэм деж. Ар и Iэдакъэ къыщIэкIащ КъБР-м и цIыхубэ художник, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик ГъущIапщэ Арсен.

ГъащIэ гугъу

Хьэзабрэ гугъуехь куэдрэ яшэчащ ди цIыхухэм зауэ зэманым. Залымыгъэ зылъэгъуахэм ящыщщ Болэтей къуажэ къыдэкIа Хьэпэхэ Езидрэ Джызэрэ я къуэ Пщыбий.

Сыт Уахэм адэкIэ щыIэр?

Уахэ жыжьэм и щэху псори къыхуэтIэщIакъым цIыхум. Зэи зынэмыплъысыни щыIэу къыщIэкIынщ, ауэ я гугъэр хахыжыркъым. 
Уахэм адкIэжкIэ щыIэр зэи зыми илъэгъуакъым. Имыухыж гуэрщ жыпIэнущи, сыт имыухыжыр зищIысыр, физикэм и сыт хуэдэ хабзэхэм къезэгърэ? КIэ зиIэ гуэрмэ, дэнэ деж и гъунапкъэр? Уахэм теплъэ гуэр иIэмэ, ар нэгъуэщI гуэрым итыж къыщIэкIынщ… Iэджэ мэхъу упщIэхэр. 
Хуэгъэфэща защIэ мыхъумэ, а псоми жэуап пыухыкIа иIэу зыри тетхыхьакъым. Ауэ щIэныгъэлIхэм яцIыху Метагалактикэ жыхуиIэр, нэрыплъэ нэхъ лъэщ дыдэкIэ здынэплъысыф уахэр. 

Лъахъэдыгъу и къуэм и хабзэ къутэкIэ

Езыхэм зыхуейр пхагъэкIын папщIэ. хабзэ мыхъумыщIэ къэзыгъэщIхэм нобэми ныжэбэми дерс яхуэхъунт «Лъахъэдыгъу и къуэм и хабзэ къутэкIэ» беслъэней хъыбар хьэлэмэтыр. 
Лъахъэдыгъу и къуэр Лабащхьэ щыпсэут. Зэзэмызэ дыдэ зекIуэн къыхэхъыжьамэ, цIыхум къахыхьэрт, армыхъуамэ закъригъэлъагъущэртэкъым. 

Дызыщымыгъуазэ быдапIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и зы кIапэ къэмынэу зэрыщыту яджауэ жаIэ. Арами, тхыдэм ущIриплъэжын щхьэусыгъуэ гуэрхэр къыкъокI кIэщI-кIэщIурэ. Абыхэм ящыщщ Урыху къуажэм и Iэхэлъахэм къыщагъуэта быдапIэр. 
Абы гу лъитэри, Урыху къуажэм щалъхуа, налшыкдэс Рэмэзан Мухьэмэд хуэтхащ лъахэхутэ Котляров Виктор. 

Тхыдэ хьэпшыпхэм я хъумакIуэ

ГукIи псэкIи лъэпкъым зэрыхуэщхьэпэн Iуэху зэрихуэу и гъащIэр ехь Жумай Анзор. Лъэпкъым и зыужьыныгъэм, тхыдэр хъумэным, анэдэлъхубзэр щIэблэм яIурылъын, адыгэ хабзэр я Iэпэгъуу щытын щхьэкIэ адыгэлIым зэфIимыгъэкI щыIэкъым. 
АдыгэлIым и шыфэлIыфэр уи нэгу къыщIигъэувэу адыгэ фащэкIэ зэщыхуэпыкIащ Анзор. Дыжьынымрэ фэмрэ къыхэщIыкIауэ фащэр зыгъэдахэ хьэпшыпхэм я тхыдэр жыжьэ къыщожьэ, ар лIакъуэкIэрэ зэIэпахыурэ нобэм къэсащ. 

Дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ папщIэ

Бадзэуэгъуэм и 22-м лэ­жьэн щIидзащ дзэ Iуэ­ху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ медицинэ психологие дэIэпыкъуныгъэ щагъуэт, зыуэ щыт ­къэрал телеграм-напэкIуэ­цIым. Проектыр къы­зэра­гъэ­пэщащ Хэкум и зауэлI­хэм я уна­гъуэ­хэм я ко­­митетымрэ «Социальная сфера» фондымрэ («Здра­в­Контроль» къэрал проектым и гуп). Ар ягъэзащIэ Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэр я дэIэпыкъуэгъуу.

НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 24, махуэку

 
Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и махуэщ
Зыужьыныгъэм теухуа хъыбархэр зэбгрегъэхыным и дунейпсо махуэщ
Полиомиелитым пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ
Урысейм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я гуп щхьэхуэм (Спецназым) и махуэщ
1897 гъэм Урысейм и тхыдэм щыяпэу футболымкIэ зэхьэзэхуэ екIуэкIащ