Календарь событий

25 октября 2024

УпщIэм и тхыдэр

КъБР-м и Лъэпкъ музейм «Войлок. Традиции и современность» гъэлъэгъуэныгъэр щокIуэкI. Ар къызэрагъэпэщащ Мечиев Кязим къызэралъхурэ илъэси 165-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ. 
Ягъэлъагъуэ лэжьыгъэ 40-м щIигъум къызэщIеубыдэ упщIэм къыхэщIыкIа фэилъхьэгъуэхэр, алэрыбгъухэр, унэр зэрагъэдахэ хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр, упщIэм ехьэлIауэ архивым къыхахыжа сурэтхэр, абы и тхыдэм теухуа тхыгъэхэр. Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ Узденовхэ Iэминрэ Маринэрэ я унагъуэм я IэрыкIщ гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьахэр.

Iуащхьэхэр бгыщхьэм тету

Адыгэр сытым дежи Кавказым щыпсэуащ. Ауэ, зэрыхьзэрий псоми къыIэпыкIыу, хуиту, куэду, и лъэ укъуэдияуэ щыпсэуар лIэщIыгъуэ курыт хэтIэсакIэ зэджэ лъэхъэнэрщ (I4-I6-нэ лIэщIыгъуэхэр). Инал Нэху пщышхуэм Адыгэ Хэкур зригъэубыду къэралыгъуэ иухуа нэужь. 

Хьэпшыпхэм «псэщIэ» яхэзылъхьэжхэр

Зэманым тIорысэ ищI фэеплъхэр, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я щIэинхэр, тхыдэ, архитектурэ мыхьэнэ зиIэ ухуэныгъэхэр хъума хъуным и зы хэкIыпIэр  ахэр щIэх-щIэхыурэ къэгъэщIэрэщIэжынырщ.

Къапщтэмэ, апхуэдэ IэщIагъэр къызэрежьэрэ куэд щIащ - тхьэнапэхэр ятхыу, сурэтхэмрэ скульптурэхэмрэ ящI зэрыхъурэ. Апхуэдэ хьэпшыпхэр нэхъыбэрэ зекIуэн папщIэ, абыхэм зэрелэжьыпхъэм зыхагъэгъуэзэн щIадзауэ щытащ иджыри ику ит лIэщIыгъуэм, япэ школхэр XVII - XVIII лIэщIыгъуэхэм зэфIэуващ. Италием япэ реставратору иIахэм хабжэ Эдвардс Пьетрэ.

ЩIэблэм зеужь

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым IэщIагъэлI, щIэныгъэлI зэчиифIэхэр къызэрыщIигъэкIыным хущIокъу икIи а и къалэным ар сыт щыгъуи полъэщ. Мы зэманым абы щеджэ зыбжанэм я зэфIэкIым фыщыдогъэгъуазэ, жытIэр нэрылъагъу хъун папщIэ.

Зэи къэмыхъуауэ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Технологиемрэ къэхутэныгъэщIэхэмрэ щIэгъэкъуэн яхуэхъунымкIэ и Центрым нэхъапэкIэ къэмыхъуауэ литературэ тхыгъэр акъылкIэ къэгъэщIа мылъкуу (интеллектуальная собственность) зэрыщытымкIэ хуитыныгъэ къызэрыдахам и хъыбарыр иджыблагъэ зэбгритыкIащ.

И бзэр уэз­джынэрэ и псэр уэздыгъэу

«ТхакIуэм и цIэм нэмыщI, и щхьэр умыцIыхуу щыщытым и деж итххэр нэхъ тыншу къы­зэрыппкърыхьэм куэдым гу лъатауэ къыщIэкIынщ. Ар зытет дунеймрэ къигъэщI ду­неймрэ апхуэ­дизкIэ зэпэхъу-зэпэщIэуэщи, щхьэж къилъыхъуэр къыщып­кIыу щигъуэтыфынущ тха­кIуэм и деж. ЦIыхум псэ щы­Iут­кIэ, хьэ­уакIэ зэрыбауэм къыщы­щIэдзауэ анэл мыхъуу хьэм­цIыракIэ къытекIэнкIэ зэры­хъунум и деж щыщIэтIы­кIы­жауэ къэпхутэну ухуей, хьэмэ узыхишэ дунейм ущы­зэ­кIэ­щIэплъыну ухуей? Аращ нэ­хъыщ­хьэр здэщыIэр», - щыжеIэ тхакIуэ Лыкъуэжь Нелли лъэпкъ щэнхабзэм зи гуащIэшхуэ тыхь хуэзыщIа IутIыж Борис теухуа и тхыгъэм.

Лэжьыгъэм гъащIэм щиубыд увыпIэр

Къэгъэзэж Шамхьир и гукъэкIыжхэм щыщ: «Мы зи гугъу сщIынур икъукIэ лэжьыгъэ хьэлъэт икIи гугъут. А IэнатIэм хущIэкъу районым зыри ису къыщIэкIынутэкъым. Сэри сигу къэкIыххэртэкъым а IэнатIэм сыкIуэну. Зэи къулыкъу хэплъыхь сщIакъым, къысхуагъэфащэм сыкIуэу фIэкIа. Пщыхьэщхьэ гуэрым Агропромышленнэ комплексым и лэжьакIуэхэм я профсоюзым и обкомым и унафэщI Хъуран Мухьэмэд сриджащ. Си лэжьыгъэм теухуауэ упщIэ куэд къызитащ, сэри Iуэхум фIыуэ хэсщIыкIти, сыкъимыкIуэту жэуапхэр естыжащ. КъыщIызэджар Профсоюзхэм я район комитетым и секретарь къулыкъур къысхуигъэлъэгъуэну арат.

НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 25,  мэрем

♦Урысей Федерацэм и Таможенникым и махуэщ

♦1941 гъэм къызэрагъэпэщащ зыхъумэжыныгъэмкIэ Налшык комитетыр.

♦1977 гъэм «СССР-м и цIыхубэ дохутыр» цIэ лъапIэр ягъэуващ.

♦1911 гъэм къалъхуащ адыгэ тхакIуэ Елмэс Хьэжбий.

♦1915 гъэм къалъхуащ парт, къэрал къулыкъущIэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Бгъэжьнокъуэ Хьэчим.