Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм (КИФЩI) я IуэхущIапIэхэм ящыщу «Кавказым къыщыщIагъэкIащ» сертификатыр зратахэм я куэдагъымкIэ Ставрополь крайм япэ увыпIэр иIыгъщ. Апхуэдэ дэфтэру 25-рэ а щIыналъэм нобэкIэ иIэщ. КъыкIэлъыкIуэр Къэбэрдей-Балъкъэрырщ, сертификату 10 къыхуагъэфэщауэ. АдэкIэ къокIуэхэр Дагъыстаныр (сертификату 7), Осетие Ищхъэрэ-Аланиемрэ Ингушымрэ (тхурытху), Къэрэшей-Шэрджэсымрэ Шэшэнымрэ (плIырыплI).