|
Календарь событий
27 октября 2024
27 октября, 2024 - 16:57
КъБКъУ-м и «Занавес» театрым зыкъыщигъэлъэгъуэнущ Москва щекIуэкIыну «КъэкIуэнум и цIыхухэр» («Поколение будущего») фестивалым. Ар ирагъэкIуэкI «Хэкум и тхыдэ» фондымрэ тхыдэмкIэ урысей зэгухьэныгъэмрэ, УФ-м ЩIэныгъэмрэ егъэджэныгъэ нэхъыщхьэмкIэ и министерствэр и дэIэпыкъуэгъуу.
27 октября, 2024 - 13:55
КъБР-м и Парламентым и депутат, «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» зэгухьэныгъэм республикэм щиIэ и къудамэм и унафэщI Шыпш Аслъэн, абы и къуэдзэ Зэбакъ Азэмэт, «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэм» и Дзэлыкъуэ къудамэм и унафэщI Мамсыр Руслан сымэ щыIащ Къармэхьэблэ курыт еджапIэ №2-м. ХьэщIэхэм еджакIуэхэр щагъэгъуэзащ зэгухьэныгъэм и пщалъэхэм, и мыхьэнэм, зэрызиубгъум. Нэхъыщхьэу абы хэлъыр ныбжьыщIэхэр фIым-рэ Iеймрэ зэхагъэкIыфу, пэжым тету, я гупсысэ къаIуэтэфу, я щIэныгъэр къагъэсэбэпу гъэсэнырщ, жылагъуэ Iуэхум къыхэшэнырщ.
27 октября, 2024 - 11:18
Ди щIыналъэми нэгъуэщI щIыпIэхэми фIыуэ щалъэгъуа уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Ингуш, Осетие Ипщэ республикэхэм я цIыхубэ артисткэ Сокъур Ольгэ иджыблагъэ къратащ «Абхъаз Республикэм щIыхь зиIэ и артисткэ» цIэ лъапIэр.
27 октября, 2024 - 10:00
«Рицэ деж рифмэхэр» абхъаз-адыгэ фестивалыр «Жан» зэгухьэныгъэм зэрыригъажьэрэ илъэситху мэхъу. Ар зыхиубыдэ Iуэхур, «Усыгъэр къокIэрэхъуэкI» зи фIэщыгъэр, 2008 гъэ лъандэрэ щыIэщ. Зи гъунапкъэхэм ину зиубгъуа фестивалым и зэхэублакIуэщ «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ, усакIуэ, драматург Къаныкъуэ Заринэ. Мы гъэм фестивалым и илъэситхур Абхъазым щагъэлъэпIащ. Ар егъэкIуэкIынымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуащ Абхъазым ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и Президент Къанокъуэ Арсен. Къыхэгъэщыпхъэщ, усыгъэм ехьэлIа Iуэхур къызэрыунэхурэ Абхъазым и ЛIыхъужь Сосналы СулътIан и щхьэгъусэ, «Усыгъэр къокIэрэхъуэкI» лэжьыгъэр зыунэтI Сосналы Любовь абы и гупсысэ куэд зэрыхилъхьар.
|