Календарь событий

29 октября 2024

ЗыплъыхьакIуэ мелуанрэ ныкъуэм щIигъу

2024 гъэр къызэрихьэрэ, Урысей МЧС-м къызэритымкIэ, зыплъыхьакIуэрэ альпинисту   20000-м щIигъу республикэм къэкIуащ.   Къэбэрдей-Балъкъэрым  щIэгъэхуэбжьауэ зыщеужь туризм Iуэхум.   Ди лъахэм и курортхэм  щыIащ  цIыху мелуан  1,5-м щIигъу. 
Урысей МЧС-м и    Iуащхьэмахуэ бгылъэ лъагэ ПСО-м и къегъэлакIуэхэм я нэIэ тетщ  зэрыщыту республикэм и щIыналъэм.   КъегъэлакIуэхэм  къызэрагъэпэщ лъахэм щыпсэухэмрэ зыгъэпсэхуакIуэхэмрэ я шынагъуэншагъэр, гъуэгум техьэ зыплъыхьакIуэ гупхэри яхыхьэу.      

Гугъэ хэзылъхьэж

Зэманыр сыт хуэдэу бзаджэу, гугъуу щымытами, цIыхум гугъэ къахилъхьэжу, дэрэжэгъуэ къариту яIащ лъэпкъ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ.  Ахэр щызэфIэувэ лъэхъэнэхэм лэжьат КъБАССР-м щIыхь зиIэ и артист Къуэдзокъуэ Владимири.
Курыт еджапIэр 1948 гъэм къиуха нэужь, ар щIэтIысхьащ Римский-Корсаков и цIэр зезыхьэ Ленинград къэрал консерваторэм. УэрэджыIакIуэ IэщIагъэр зригъэгъуэтауэ а еджапIэр 1953 гъэм къиухри, Владимир Къэбэрдей-Балъкъэрым къигъэзэжащ. 

Шынагъуэншагъэм хуаущий

 Къэбэрдей-Балъкъэрым и школакIуэхэри хэтщ «Дорожные талисманы» Iуэхум. 

Зэманым пэджэжу

КъБР-м и Музыкэ театрым и артисткэ ПащIэ Маринэ макъамэм йолэжь илъэсипщI зэрыхъурэ. Музыкэ школыр къиуха нэужь, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым щеджащ. Утыку япэу къызэрихьа лэжьыгъэр ещIэж – ар «Джэду унэ» сабий спектаклым щыджэгуут. 
Хъыджэбзыр къызыхэкIа унагъуэм щыщу музыкант, актрисэ, уэрэджыIакIуэ IэщIагъэхэр къыхэзыхар езым и закъуэщ. Абы щыгъуэми и анэм макъ гуакIуэ иIэщ, уэрэд жеIэ, и адэри гитарэ йоуэ, и шыпхъуращи – фортепианэр фIы дыдэу егъэбзэрабзэ. 

ЩIэщыгъуэу икIи гъэщIэгъуэну

Республикэр къызэрыунэхуам теухуа махуэшхуэхэр илъэс зыхуэмыдэхэм щIыналъэм зыхуей хуэзэу щагъэлъэпIащ. ЩIыналъэр илъэс 20 зэрырикъум республикэм нэхъ пасэу зыхуэгъэхьэзырын щIидзат. 1939 гъэм жэпуэгъуэм и 5-м ВКП (б)-м и обкомым и бюром иригъэкIуэкIа зэIущIэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр автономие щхьэхуэ зэрыхъурэ илъэс 20 зэрырикъум зэрызыхуагъэхьэзырыну Iуэхугъуэхэм щытепсэлъыхьащ. Республикэм и Iэтащхьэхэм унафэ ящIат къэралыгъуэм и илъэс 20 юбилеймрэ Октябрь Революцэ Иным и махуэшхуэмрэ зэгъусэу 1941 гъэм щэкIуэгъуэм и 7-м зэдагъэлъэпIэну.

УэрэджыIакIуэр ягъэлъапIэ

УэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Ингуш, Осетие Ипщэ республикэхэм я цIыхубэ артисткэ Сокъур Ольгэ иджыблагъэ къратащ «Абхъаз Республикэм щIыхь зиIэ и артисткэ» цIэ лъапIэр. 

НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 29, гъубж
Инсультым пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ
Комсомолыр къыщызэрагъэпэща махуэщ
1943 гъэм Налшык ФЗО школ къыщызэIуахащ.
1930 гъэм къалъхуащ АР-м и цIыхубэ тхакIуэ, УФ-мрэ АР-мрэ щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Пэнэф Сэфар.
1934 гъэм къалъхуащ юрист, тхакIуэ Сэрахъэ Александр.

Сыт пщIащэхэр щIыпылъэлъыжыр?

Тхьэмпэхэр гъуэжь-плъыжьыфэ дахэ хъуарэ, дыгъэр гуащIэ мащIэмэ, псоми ящIэ - бжьыхьэр къэсауэ аращ. Алэрыбгъу щабэм утету бжьыхьэ уэрамым урикIуэну сыту фIы. Псоми тфIэфIщ пщIащэ пылъэлъыжыгъуэр. Ауэ куэдым ящIэркъым щIыуэпсым щэху зэрыхэлъыр, пщIащэр пылъэлъыжынми мыхьэнэшхуэ зэриIэр. 
Иналрэ Ланэрэ я анэм щIыгъуу уэрамым ирокIуэ хуэм дыдэу. ЦIыкIухэм псори яфIэгъэщIэгъуэнщи, зыщIэупщIэр бжыгъэншэщ. Анэ бзэ IэфIым а псоми жэуап нэс къахуегъуэт, зэдэлъху-зэшыпхъум я щхьэм Iэ дилъэурэ, дыкъэзыухъуреихь дунейм и зэхэлъыкIэр къагурегъаIуэ. 

КIыщокъуэ Алим и махуэшхуэр ягъэлъапIэ

КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Горький Максим и цIэкIэ щыIэ Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща, адыгэ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа КIыщокъуэ Алим къызэралъхурэ илъэси 110-рэ зэрырикъур республикэм Iэтауэ щагъэлъапIэ. Абы ирихьэлIэу Налшык къалэм фэеплъ зэхыхьэхэр щекIуэкIащ.