|
Календарь событий
30 октября 2024
30 октября, 2024 - 16:30
Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ Правительствэм къэралым и шIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ и комиссэм 2024 гъэм и мазибгъум къриубыдэу хузэфIэкIахэмрэ къапэщылъ къалэнхэмрэ къыщызэщIакъуэжа зэIущIэ. Апхуэдэу абы щытепсэлъыхьащ иджыблагъэ къыхалъхьа лъэпкъ пэхуэщIэщIэр, «ГъащIэм щхьэкIэ инфраструктурэ» жыхуиIэр гъэзэщIа хъунымкIэ щыIэ Iэмалхэм.
30 октября, 2024 - 16:00
Дунейм зэрызиIэтыжу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм бжьыхьэсэ лэжьыгъэхэм щIагъэхуэбжьэжащ. НобэкIэ, зэкIэ къызэратамкIэ, бжьыхьэсар хащIащ гектар мин 31-м щIигъум. Ар зы мащIэкIэ нэхъыбэщ нэгъабэ и иджы хуэдэ лъэхъэнэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ.
30 октября, 2024 - 15:26
«ДОМ.РФ» банкым и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, 2024 гъэм ипотекэкIэ къэралым къыщащэхуа псэупIэхэм я куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым япэ увыпIэр иIыгъщ. Ар къызыхэкIар ипотекэ кредитым щIэупщIэшхуэ республикэм зэрыщиIэрщ. Абы къыхэкIыуи, псэупIэу унэщIэхэм щащэхэм я куэдагъым зэрыхэхъуэм къыдэкIуэу, цIыхухэм дежкIи нэхъ къэщэхугъуафIэ ахэр мэхъу.
30 октября, 2024 - 15:25
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ебгъуанэу щекIуэкIынущ «Этнографие диктанткIэ» зэджэ Дунейпсо щIэныгъэ-узэщIакIуэ Iуэхугъуэшхуэр. Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэр къэIэтыным хуэунэтIащ, жылагъуэхэм къадекIуэкI хабзэхэмрэ дауэдапщэхэмрэ, лъэпкъ зэхущытыкIэхэмрэ цIыхубэ зэхэтыкIэхэмрэ гулъытэ хэха хуэщIыным, этнографием теухуауэ цIыхум яIэ щIэныгъэм хэгъэхъуэным, зи хэкурэ зи лъэпкърэ фIыуэ зылъагъу щIэблэ къэгъэтэджыным хуэгъэзащ.
30 октября, 2024 - 15:15
Адыгэ фащэ зыщыгъ щIалэ нэ фIыцIэ цIыкIур зытет «Адыгэбзэ» тхылъыр псоми доцIыху. Ауэ куэдым ящIэркъым зэреджэ тхылъыр къыщыдэкIа зэманым щыгъуэ апхуэдэ теплъэ тхылъым ептыныр щIэщыгъуэ дыдэу зэрыщытар. 1984 гъэм къэхъуа Iуэхугъуэм теухуауэуэ зэпсэлъащ журналист КЪУЭЩIЫСОКЪУЭ Марьянэрэ сурэтыщI ЗЭХЪУЭХЪУ Валерэрэ. Тхылъым теухуауэ Марьянэ къихутахэр, Зэхъуэхъум жиIэжа хъыбархэр гъэщIэгъуэнщ.
30 октября, 2024 - 15:12
КъБКъУ-м щекIуэкIащ «Пока огонь пылает в очаге» литературэ пшыхьыр. Ар теухуат КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Хэку зауэшхуэм хэта Отаров Керим (1912-1974) дунейм зэрехыжрэ илъэс 50 зэрырикъум. Фэеплъ пшыхьыр къызэригъэпэщащ КъБКъУ-м Отаровым и цIэкIэ щыIэ балъкъэр щэнхабзэ центрым, университетым къэрэшей-балъкъэр филологиемкIэ и кафедрэр, ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зезыхьэ адыгэ щэнхабзэ центрыр, КъБКъУ-м урысыбзэмрэ урыс щэнхабзэмкIэ и щIэныгъэ-егъэджэныгъэ центрыр и дэIэпыкъуэгъуу.
30 октября, 2024 - 12:47
Мэкъуауэ унэцIэм и тхыдэр и кIэм нэсу ямыджауэ къалъытэ. Ауэ, хъыбару къызэраIуатэмкIэ, ар къытекIащ мэкъуауэ щыIэу къалъхуа щIалэ цIыкIум а цIэр зэрыратам. Япэ дыдэу Мэкъуауэ унэцIэр къыхэщу дэфтэрхэм ущрихьэлIэр 1868 гъэращ. Тхыдэр нэмыджысами, лъэпкъ уардэу, лъэпкъ быдэу Болэтей (Терекскэ) къуажэм къыщалъытэ Мэкъуауэхэр.
30 октября, 2024 - 12:44
Пасэу дызэрызэгурыIуам тету, илъэс тIощIырыпщI и пэкIэ сыщылажьэ «Ленин гъуэгу» (иджы «Адыгэ псалъэ») газетым, ныщIыхьащ щхьэц баринэ Iув зытет щIалэ къуэгъу щхьэпэлъагэ. И зыIыгъыкIэ къудейм къигъэлъагъуэрт къытхуеблэгъам къару къызэрымыкIуэ зэрыбгъэдэлъыр, ауэ и щэныфIагъымрэ Iэсагъэмрэ абы шэч къытраугъэхьэжырт. Зэрыпсалъэри Iэдэб дыдуэт.
30 октября, 2024 - 12:39
ЦIыху зэхэтыкIэм лъэныкъуэкIэ укъыхэзыгъаплъэ гушыIэ дахэхэр и Iэдакъэ къыщIэкIащ ЛIыгъур Чэрим. Абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыми уи хъуреягъым къыщыхъуа Iуэхугъуэ гуэр уи нэгу къыщIагъэхьэжу апхуэдэщ. Нобэ абыхэм ящыщ зыбжанэм фыщыдогъэгъуазэ.
Дапщэщ мафIэгур къыщысыр?
30 октября, 2024 - 12:37
Жэпуэгъуэм и 30, бэрэжьей
♦Политикэ щхьэусыгъуэкIэ зэхэзехуэн зэращIам и зэранкIэ хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ
♦Урысейм и дзэ-тенджыз флотым и махуэщ
♦Урысейм щагъэлъапIэ инженер-механикхэм я махуэр
♦1711 гъэм Къэбэрдей шууейхэм Мурад-СулътIан зи пашэ шуудзэр хагъэщIат.
|