Календарь событий

05 ноября 2024

Сабиигъуэ хьэлъэ, жьыщхьэ махуэ

Щоджэн Хьэмэдэрэ Мэрзей Нащхъуэ ипхъу Марьянрэ гъащIэм хуэнэхъуеиншэу, насыпыфIэу, лажьэу, гъащIэщIэм декIуу унагъуэ дахэ зэдаухуэри, быниплIи зэдагъуэтыжат.

ГъащIэ щыхъукIэ, гугъуехь куэди абы ущрохьэлIэ. Апхуэдэу, Хэку зауэшхуэр къыщыхъейм, зылI и быну заIэтри, Хэкур яхъумэну кIуащ ди къуажэгъу 246-рэ. 1942 гъэм Шэрэдж Ищхъэрэм щыщу зауэм ираджахэм яхэтащ Щоджэн Хьэмэдэрэ Шондыр Мышэрэ. ЩIалэхэр езыгъажьэхэм ящыщт Щоджэн Хьэмэдэ и щхьэгъусэ Марьяни уэндэгъушхуэу. Шондыр Мышэ зыхэт щIалэхэм къахэкIуэтри, Марьян зыкъыхуигъэзащ:

БлэкIам дыхэплъэжу…

Сыт Кавказ зауэр къэхъеиным щхьэусыгъуэ хуэхъуар? Дауэ зэрызиубгъуар? Сыт хуэдэу ди лъэпкъыр абы къызэрыхэщыр? А псом теухуа и гупсысэхэмкIэ къыддэгуэшащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, КъБКъУ-м этнологиемрэ КъБР-м ис лъэпкъхэм я тхыдэмкIэ, журналистикэмкIэ кафедрэм и унафэщI ТекIуий Мадинэ. 

Псы къыщIэшыпIэ зэрыIыгъхэм пэрохьэ

КъБР-м и Шэджэм щIыналъэм псы къыщIэшыпIэ зэрыIыгъ щаухуэну загъэхьэзыр, псори зэхэту километр 32-рэ и кIыхьагъыу. ПэхуэщIэр и кIэм нагъэсу щытмэ, псы къабзэкIэ къызэгъэпэща хъунущ Шэджэм къалэм, Шэджэм ЕтIуанэм, Яныкъуей, Каменкэ къуажэхэм, Налшык къалэм и щIыпIэ гуэрхэри хэту, псори зэгъусэу я цIыху мин 51-м щIигъу.

Анэр и къуэхэм япэплъэрт

Гъэмахуэ пщыхьэщхьэхэм, хуабэм лъэныкъуэ егъэз зищIу, жьы щIыIэтыIэм утыку щигъуэт зэманхэм хуэзэу, куэбжэпэхэм щызэхуэс хабзэщ хьэблэм къыдэнэжа нэхъыжьхэр. Я пкъым къедэхащIэ акъужь щабэр ягу пымыкIыу, ахэр жэщыбг пщIондэ щызэхэсыр нэхъыбэщ. Абыхэм я гукъэкIыжым щытепщэр блэкIа зэманырщ – я сабиигъуэрщ, я щIалэгъуэрщ. Апхуэдэхэм и деж абыхэм я псалъэмакъым куэдрэ къыхохуэ зэгуэр я хьэблэм дэса БецIыкIу зэкъуэшхэр: Багъ, ХьэзрэIил, Хьэсанш сымэ.

Усэ цIэрыIуэм и адыгэбзэр

Нобэ дызытепсэлъыхьынур зы усэ закъуэщ. Ар иджыблагъэ Телеграм напэкIуэцIхэм адыгэбзэкIэ щызэIэпахыу къытIэрыхьа Пушкин Александр и «Я вас любил» («Сэ фIыуэ услъэгъуащ») усэ цIэрыIуэрщ.

НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 5, гъубж

♦Урысейм Дзэ тIасхъэщIэхым и махуэр щагъэлъапIэ

♦1867 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, полковник, 1910 – 1917 гъэхэм Налшык округым и унафэщIу щыта Къылышбий СулътIанбэч.

♦1942 гъэм къалъхуащ сурэтыщI-график Къып Мухьэмэд.

♦1947 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Истамбыл щыIэ Адыгэ Бзылъхугъэ Хасэм и гуащэ Шурдым Гюнсел.