|
Календарь событий
07 ноября 2024
7 ноября, 2024 - 16:42
ГъэщIэгъуэнщ, ауэ зыкIи зэмыкIуалIэ а IэщIагъитIым ар зэхуэдэу дэгъуэу ехъулIащ. Воскресенская Зое дэ зэрытцIыхур сабий тхакIуэущ. Ар апхуэдизкIэ цIэрыIуэти, и IэдакъэщIэкIхэм щыщ, уеблэмэ адыгэбзэкIи зэрадзэкIауэ щытащ. Ауэ тхэныр абы и етIуанэ IэщIагъэу къыщIэкIащ. ДахагъэкIи куэдым япеуэфыну а цIыхубзыр литературэм хыхьэн ипэкIэ щытащ… совет тIасхъэщIэх IэнатIэм и полковник Рыбкинэ Зоеу. Дэ аращ иджы зи гугъу тщIынур.
7 ноября, 2024 - 15:37
Налшык къалэм щекIуэкIащ Урысей Федерацэм бэнэкIэ хуитымкIэ спортым и мастер Жылэтеж Ахьмэд и фэеплъу щыта етIуанэ урысейпсо зэхьэзэхуэр. Абы кърихьэлIащ къэралым и щIыналъэ 27-м я спортсмен ныбжьыщIэу 200-м щIигъу.
7 ноября, 2024 - 14:34
РСФСР-м и цIыхубэ артисткэ, пшынауэ Iэзэ, макъамэтх, къэфакIуэ, адыгэ лъэпкъ гъуазджэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа, лъэужь дахэ къэзыгъэна Къашыргъэ КIурацэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ пшынауэхэм ящыщ.
7 ноября, 2024 - 13:31
Фащэр лъэпкъ напэщ, и щэныр япэу уэзыгъэлъагъущ. Адыгэм лIэщIыгъуэ куэдым къыпхиха и фащэм тетхыхьари мащIэкъым, щапхъэ абы тезыхыу къэзыщта нэгъуэщI лъэпкъхэри нобэ къыддогъуэгурыкIуэ. Ди лъэпкъ фащэм и дахагъэм и закъуэкъым гу зылъыптэр, атIэ нэрылъагъущ ди япэ итахэм фэилъхьэгъуэм и плъыфэмрэ тхыпхъэмрэ гупсысэ, щIагъыбзэ куу зэрыщIалъхьар.
7 ноября, 2024 - 12:28
ПащIэ Бэчмырзэ лъэпкъ щэнхабзэм и гуащIэшхуэ хилъхьащ, абы и щIэинхэр лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ мылъэтэщ. А лIы щэджащэм и творчествэм куэд тетхыхьащ, ауэ ар иджыри зи щхьэ темыча кIадэщ жыпIэми ущыуэнукъым.
7 ноября, 2024 - 11:26
ЦIыхум и зыужьыныгъэмкIэ Планк Макс и цIэр зрихьэу Германием щыIэ институтым и щIэныгъэлIхэм яджащ иужьрей илъэс мини 6-м Кавказым щыпсэуахэм ящыщу хьэдэ къупщхьи 131-рэ. А къэхутэныгъэхэр тхыжауэ иджыблагъэ къытехуащ Nature журналым.
7 ноября, 2024 - 10:19
Нышэдибэ Хьэмид хэжеяти, псынщIэу къэтэджауэ зихуапэрт.
- Щхьэ сыхэбгъэжея, жьыуэ сызэрыдэкIыр пщыгъупщэжауэ арат? Сыхьэтиблым сынэсын хуеящ, - жиIэурэ, зигъэхьэзырри дэкIащ.
Фызым зыри пидзыжакъым, къыжриIэнур ищIэрти.
ЛIыр щIэкIа нэужь, и щхьэм хуэтхьэусыхэжащ Зэбидэт: «ХьэблэлI факъырэхэм уадэуэршэрурэ жэщыр бгъэкIуащ, пщэдджыжьыпэ хъуауэ ущыгъуэлъыжкIэ укъэтэджыфын-тIэ! Сыхуейуэ ухэзгъэжеящ, пхуэфэщэпсщ».
Арат а фызым и щхьэр здынэсыр, лэжьыгъэ пэрыту емысамэ, зыхуейр къыхуащIэмэ, сытыт зэгупсысынур? Зыми.
7 ноября, 2024 - 09:23
ЩэкIуэгъуэм и 7, махуэку
1917 гъэм Урысейм щекIуэкIащ Жэпуэгъуэ революцэшхуэр.
1928 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьэн щыщIидзащ Акъбащ ГЭС-м.
1914 гъэм къалъхуащ адыгей усакIуэ ЕхъулIэ Сэфар.
1924 гъэм къалъхуащ усакIуэ, журналист ЩоджэнцIыкIу Нурий.
|