|
Календарь событий
11 ноября 2024
11 ноября, 2024 - 16:48
ЩэкIуэгъуэм и 11, блыщхьэ
Энергиер зэгъэзэхуэным и дунейпсо махуэщ
Щэхуэным и дунейпсо махуэщ
Урысейм щагъэлъапIэ Экономистым и махуэр.
Япэ дунейпсо зауэр щиуха махуэщ. Ар екIуэкIащ 1914 гъэм бадзэуэгъуэм и 28-м къыщыщIэдзауэ 1918 гъэм щэкIуэгъуэм и 11 пщIондэ икIи къалъытэ къэрал нэхъыбэ зыхэта зауэхэм ящыщу.
1990 гъэм дунейм къытехьащ «Российская газета»-м и япэ къыдэкIыгъуэр.
11 ноября, 2024 - 15:54
БзэщIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, а цIэр зезыхьэ адыгэ лъэпкъым къагъэсэбэпыр кIэмыргуей диалектым и псэлъэкIэ щхьэхуэщ. Лъахэхутэхэм зэрыжаIэмкIи, лIакъуэм зэреджэр абы зэгуэр и пашэу щыта Еджэрыкъуэ и цIэм къытехъукIащ.
11 ноября, 2024 - 15:54
Адыгэхэм я тхыдэм, абы къыдэкIуэу лъэпкъыр щIэныгъэмрэ тхылъымрэ ирашэлIэн мурадкIэ блэкIа лIэщIыгъуэм Iуэхугъуэшхуэ зылэжьа цIыхухэм ящыщ зыщ Къуэдзокъуэ Лэкъумэн. Лъэпкъ культурэм лъэужь куу къыхэзына адыгэлIым и гъащIэм зымащIэкIэ дыкIэлъегъэплъыж Сокъур Мусэрбий.
11 ноября, 2024 - 14:00
Тхыгъэр зи къалэмыпэ къыщIэкIа МэшхуэфI Нэждэт Тыркум къыщалъхуами, и гъащIэр зэрыщыту адэжь лъахэмрэ зыщыщ лъэпкъымрэ щхьэузыхь яхуищIащ. Ар ящыщщ зи Хэкур япэу зэзыгъэгъуэтыжахэм, къэкIуэжа нэужьи, хэкурысхэм пыщIэныгъэ быдэ ядэзыщIахэм. Лъэпкъым и хэку гупсысэр къызэщыгъэуныр гуращэу нэхъыщхьэу иIэщ Нэждэт. Абы хуэгъэзауи лэжьыгъэ щхьэпэ куэди ирегъэкIуэкI. Фи пащхьэ итлъхьэ тхыгъэри жылагъуэ лэжьакIуэ емышыжым и гуащIэдэкIым щыщ зы Iыхьэщ – ар зытриухуа адыгэ бзылъхугъэ цIыкIур щIыпIэ куэдым къыщацIыху, ауэ къызыхэкIа лъэпкъым абы теухуауэ ищIэр мащIэ дыдэщ.
11 ноября, 2024 - 13:00
ГукIи, псэкIи, гугъэкIи, хъуэпсапIэкIи адыгэ Iуэхум хэтрэ, лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэ дыдэхэр зыхэзыщIэ режиссерщ Адыгэ Республикэм щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЕмкIуж Андзор. Ар псоми доцIыху «Кавказфильм» киностудием и лэжьыгъэхэмкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрми ди гъунэгъу республикэхэми я театрхэм щигъэув спектаклхэмкIэ, трих адыгэ кинохэмкIэ, зэфIигъэкI лъэпкъ IуэхухэмкIэ.
И IэщIагъэм хэлъ Iэмалхэр къигъэсэбэпурэ, лъэпкъ гупсысэр ехъумэ ЕмкIужым.
11 ноября, 2024 - 12:26
«Адыгэ псалъэжьхэр» тхылъым щIэх-щIэхыурэ ущIэджыкIмэ, зэ мыхъуми зэ укъэзыгъэуIэбжь, уеблэмэ иджырей адыгэбзэмкIэ зыгурумыгъэIуэжыф гуэрхэм уарохьэлIэ. Апхуэдэ псалъэжьхэм хыубжэ хъунущ «Пагэр мэгыз» жыхуиIэри.
11 ноября, 2024 - 12:12
КIуащ БетIал гъащIэ мащIэу щытами, къэбэрдей литературэм лъэужьыфI къыщигъэнащ. Абы и творчествэмрэ и гъащIэмрэ зэпкърахауэ тепсэлъыхьащ КIыщокъуэ Алим, Сокъур Мусэрбий, Нало Заур сымэ, нэгъуэщI тхакIуэхэри, щIэныгъэлIхэри.
|