Календарь событий

13 ноября 2024

Бзэ куэд зэзыгъэщIахэр

Дунейпсо тхыдэм дыхэплъэмэ, бзэ куэд дыдэ зыщIэу щыта щапхъэхэр хэтщ. Псалъэм папщIэ, инджылыз къэрал лэжьакIуэ, политик, экономист, зыплъыхьакIуэ, тхакIуэ, Гонконг и еплIанэ губернатор Боуринг Джон цIэрыIуэ хъуауэ щытащ бзэ куэд зэрищIэмкIэ. 

«Бабыгу» цIэм лъэныкъуитIымкIи дыщрохьэлIэ

КъухьэпIэ Кавказым щежэх псы нэхъ ин дыдэхэм хабжэ Щхьэгуащэрэ Лабэ ЦIыкIурэ. А тIум хэлъэдэж псы къуэпсхэр зэхэзыгуэшыкI джабащхьэ екIуэкIым Бабыгу шытхкIэ йоджэ. Абы и тхыцIащхьэр ТхьэщIы (Тхач) бгым и ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ щыIэщ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым Географие диктант щатхынущ

ЩIэныгъэр хышхуэм хуэдэщ, псыхэлъадэр и куэдрэ и лъащIэр унэмыплъысу куууэ. ЦIыхур зытет дунейм къыщекIуэкIри абы ещхьщ: щэхубэщ, гъэщIэгъуэныщэщ, къитыр къыпхуэмылъытэну инщ. Дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ щIыуэпсымрэ хъумэныр, гулъытэ хэха яхуэщIыныр, абыхэм епха щIэныгъэр щIэблэм бгъэдэлъхьэныр хьэкъышхуэщ. Ар къалэн зыщызыщIыж сыт хуэдэ пэхуэщIэми гъуэгу етыпхъэщ, нэхъыбэм яхэгъэIуапхъэщ. Иджыблагъэ Урысей географие зэгухьэныгъэм КъБР-м щиIэ къудамэм къита хъыбарыр а гупсысэм хуэунэтIа Iуэхугъуэщ.

ЛIыхъужьым и фэеплъу

Курган щекIуэкIащ Малинников Михаил и фэеплъу Урысей ФССП-м и Кубокым щыщIэбэна зэзауэ зыхэт спорт лIэужьыгъуэ зыбжанэ къэзыубыд зэхьэзэхуэ, - къет КъБР-м щыIэ УФССП-м.

Iэтащхьэр ехъуэхъуащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ УФ-м и МВД-м и лэжьакIуэхэм я махуэр щагъэлъапIэ зэIущIэм.

Адыгэ лъапсэжь

Адыгэ Республикэм и цIыху цIэрыIуэхэм, адыгэ IэщIагъэхэм ирилажьэхэм ящыщщ Мейкъуапэ дыщыщыIа махуэхэм ди бысымхэм дагъэцIыхуа Нэгъув Аслъэн. Сэ Аслъэн Москва сыщрихьэлIауэ щытащ, Адыгейм, КъБР-м, КъШР-м я илъэси 100-р зэгъусэу Кремль Уардэунэм щыщагъэлъапIэм - пэIущIэ пэшышхуэм республикэхэм къыщызэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэм Аслъэн зы плIанэпэ щиубыдырт. Абы и Iэм имыщI адыгэ хьэпшып щыIэу къыщIэкIынкъым, Iэнэ хъурейм бгъэдэсу абы ныбжьыщIэхэм ягуригъаIуэрт пхъэцIыч зэращIыр.

ГъащIэ купщIафIэ

КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, РСФСР-м и Къэрал саугъэт Горький Максим и цIэр зезыхьэм и лауреат, япэ балъкъэр усакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Зумакуловэ Танзиля къызэралъхурэ илъэс 90 зэрырикъур республикэм Iэтауэ щагъэлъэпIащ.

Зумакуловэ Танзиля 1934 гъэм бадзэуэгъуэм и 18-м Iуащхьэмахуэ районым хыхьэ Гирхожан жылэм къыщалъхуащ. 1940 - 1944 гъэхэм ар щеджащ къуажэм дэт пэщIэдзэ еджапIэм. Балъкъэр лъэпкъыр здаша Къыргъызым щыпищащ и щIэныгъэм.

Iуэхутхьэбзэ ин зэфIэзыгъэкI

Газетыр бгъэхьэзыру къыдэбгъэкIа иужькIэ, цIыхум ар яIэрыхьэн щхьэкIэ куэд зэлъытыжар пощтырщ, дунейр щыщIыIи дыгъэр щыгуащIи емылъытауэ, ар зэбгрызых лэжьакIуэхэрщ.

Технологиехэмрэ Интернетымрэ я зэману иджыпсту щытми, зэрыжытIауэ, пощтыншэу ди гъащIэр ди нэгу къытхущIэгъэхьэркъым. Къалэшхуэхэм пощт лэжьакIуэм и гуащIэр къыщыхэмыщми, къуажэм деж - ар пщIэ щызиIэ цIыхущ. Апхуэдэщ Тэрч районым и Курп Ищхъэрэ къуажэм щыщ Портэ Жаннэ. Илъэс 30 мэхъу а бзылъхугъэр пощтым зэрыщылажьэрэ. Мы зэманым ар къудамэм и унафэщIщ.

ГъащIэ теплъэгъуэхэр

ГукъэкIыж дахэхэм ухэзышэж Iуэтэжхэр итхыжри, тхылъ щхьэхуэу дунейм къытригъэхьащ адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ егъэджакIуэу лэжьа Багъ Марьям. Дэтхэнэ зы тхыгъэми зы Iущыгъэ гуэр хэлъу, гъащIэр зэрызэхэухуэна налъэхэм гу лъыуигъатэу апхуэдэщ. Шэчыншэу, а хъыбар кIэщIхэм хэти и гъащIэм щыщ зы пычыгъуэ гуэр и нэгум къыщIигъэхьэжынущ.

Теплъэм укъыщигъапцIэм деж

НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм  и 13,  бэрэжьей

♦Нэфхэм я дунейпсо махуэщ

♦Гуапагъэм и дунейпсо махуэщ

♦Урысейм радиацэм, химическэ, биологическэ Iэщэхэм защыхъумэным хуэгъэпса и дзэхэм я махуэщ

♦Урысей Федерацэм Къэрал щэхур хъумэнымкIэ и IуэхущIапIэр къыщызэрагъэпэща махуэщ

♦1758 гъэм Москва къалэм и лъабжьэр щагъэтIылъащ Япэ медицинэ институтым (иджыпсту Сеченов И. М. и цIэр зэрихьэу Москва дэт медицинэ академиерщ).