Календарь событий

14 ноября 2024

Хэку сурэтыщI

   Дыгъу Айтэч Тыркум къикIыжауэ куэд щIауэ Мейкъуапэ щопсэу, нэгъуэщI щIыпIэ къызэрыщалъхуари щыгъупщэжауэ, и хэкужь щолажьэ, щошхэж, уеблэмэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ зегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэхэр хуещI.

НэщIэпыджэ Замирэ: Айтэч, дызэхуэмызами, уи цIэкIэ, уи IэдакъэщIэкIхэмкIэ удоцIыху, хэкужьым укъыщалъхуами ярейуэ, ухэсыхьыжауэ адыгэ хэгъэгум ущопсэу. Дауэ къэбгъэзэжа хъуат адэжь щIыналъэм?

ЦIыхум ягу къина къулыкъущIэ

Къэрал, политикэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, илъэс 24-кIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щэнхабзэмкIэ и министру щыта, хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ядэлажьэ «Хэку» IуэхущIапIэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщIу илъэс 15-кIэ лэжьа, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и Налшык къалэ къудамэм и тхьэмадэ къалэныр илъэс куэдкIэ зыгъэзэщIа Ефэнды Джылахъстэн Къасым и къуэр къызэралъхурэ нобэ илъэси 100 ирокъу. Ар 1924 гъэм щэкIуэгъуэм и 14-м Аушыджэр, пасэм ДыгъужьыкъуейкIэ зэджэу щыта жылэжьым, къыщалъхуат.

КъызыхэкIа лъэпкъыр сыт щыгъуи иригушхуэнущ

Шортэн Аскэрбий ТIэхьир и къуэр 1916 гъэм дыгъэгъазэм и 16-м Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм къыщалъхуащ, Лениным и цIэр зезыхьэ еджапIэр (Налшык), Театр гъуазджэм и институтым и режиссер къудамэр (Москва) къиухащ. Хэку зауэшхуэм и зэманым Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм хэтащ, зэуапIэм щызэрихьа лIыгъэм папщIэ орден, медаль зыбжанэ къратащ. Зауэм и ужькIэ Аскэрбий щылэжьащ Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым - къэбэрдей литературэмрэ IуэрыIуатэмрэ я къудамэм я унафэщIу. Абы и зы дэтхэнэ  тхыгъэми лъэпкъ литературэм увыпIэ щхьэхуэ щиубыдащ.

 

Хьэлывэ сыр

Пасэм зэрызэкIэлъыкIуэу, хабзэр зэрызэрахьэу зэрызэдэгушыIэу щытар уи нэгу къыщIэзыгъэувэ тхыгъэкIэ дывдогуашэ, КIэрашэ Михаил и гукъэкIыжхэр ди тегъэщIапIэу.

- Урыху къикIа щIалэм къытхуихьа хъыбарыр фIыт: Албэчрэ Даухъанрэ Урыху дэс я Iыхьлыхэм я деж щыхьэщIэну ягъэкIуа япхъу нэхъыжь Рае яхьауэ арат. ХьэгъуэлIыгъуэр щэбэт гъунэгъум траухуат, хъыбарегъащIэм уасэIыхыр ишэну и пщэрылът. А псом зыхуэгъэхьэзырыным махуитI фIэкIа къэнатэкъым. Ещанэ пщыхьэщхьэм уасэIыхыр Урыху кIуэнут.

ЛIыгъэ егъэлъагъуэ

Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам япэ махуэхэм щегъэжьауэ щыIэ ди  щIалэхэм ящыщщ Сомгъур Алим. Ар гвардием и сержантщ.  

- Армэм сыкъикIыжщ, илъэс зыбжанэ дэкIри, къулыкъу сщIэну зэгурыIуэныгъэм Iэ тездзащ. Илъэс 12 хъуауэ сыхэтщ абы, - жеIэ Алим. - Сэ къулыкъум сыпэрытти, дзэ Iуэху хэха щекIуэкI щIыпIэм сыкIуэным е сымыкIуэным сегупсысын хуей хъуакъым. Си къалэнт, си лэжьыгъэт. Къэралым дзэм епха Iуэху къылъыкъуэкI хъужыкъуэмэ, Хэкум укъыщхьэщыжыну ухуэхьэзырын хуейщ апхуэдэ IэнатIэм ущыпэрыткIэ, - жеIэ Алим дзэ Iуэху хэхар щекIуэкIым зэрыкIуам дыщыщIэупщIэкIэ.

Дзэ-псэкупсэ диктантым зыхуагъэхьэзыр

ЦIыхум и зэхэщIыкIыр къэIэтыным, дунейм къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэм набдзэгубдзаплъэу яхэплъэрэ яхуэфащэ уасэ яхуигъэувыфу егъэсэным тхыдэм хуэдэу дерс щIагъуэ щыIэу къыщIэкIынкъым. ЕкIуэкIар къызэрыщыхъуну щIыкIэм хэти хуитщ, ауэ а блэкIам курых хуэхъуа Iуэхугъуэхэм жылэр Iыхьэгъу хуэхъумэ, пщыгъупщэныр игъуэджэщ.

НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 14, махуэку

Фошыгъу узым ебэныным и дунейпсо махуэщ

ФIагъым и дунейпсо махуэщ

Урысейм и социологхэм я махуэщ

1989 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм унафэ къищтащ зи хэкур залымыгъэкIэ зрагъэбгына лъэпкъхэм лей зэрыкIэлъызэрахьар, ар щIэпхъаджагъэу зэрыщытар къыщыгъэлъэгъуауэ.

1914 гъэм къалъхуащ тхакIуэ Къашыргъэ ХьэпащIэ.