Календарь событий

15 ноября 2024

БгъуэнщIагъхэм щIэупщIэ зэрагъуэтар

Илъэс 16-м иту Новэ Афон бгъуэнщIагъыр япэу къэзыхута Смыр Гиви хэтащ I992-I993 гъэхэм Абхъазым щекIуэкIа зауэм. ЛIыгъэрэ хахуагъэрэ хэлъу и лъахэм и щхьэхуитыныгъэр зэрихъумам къыдэкIуэу, абы республикэм и щэнхабзэми хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIат, и сурэтхэмрэ скульптурэхэмкIэ.
Сурэт щIыныр Гиви и лъым хэтагъэнущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, а IэщIагъэм хуемыджами, абы «къигъэщIахэм» я дахагъэр къыпхуэмыIуэтэным хуэдэщ. 

Жылэ Iумахуэ

 Адыгейм 2001 гъэм щаухуа Махуэхьэблэм къыщохъу зи адэжь хэкум къару къызыхилъхьэ щIалэгъуалэр, насыпыфIэу щопсэу зэгуэр къэзыгъэзэжа балигъхэр. Жылэм узэрыдэлъадэу и къабзагъкIэ, зэгъэпэщыкIэкIэ адыгэ къуажэу зэрыщытыр нэм къыIуедзэ. Чырбыш плъыжькIэ зэтелъхьа унэ зэщхьхэм иужьрей илъэсхэм ящI иджырей унэхэр къахощ, жылэм дэтщ мэжджытрэ поликлиникэрэ. 
Махуэхьэблэ дэ къыщыдэжьэрт Хэкум къэзыгъэзэжахэр хэсыхьыжынымкIэ республикэ центрым и унафэщI ГъукIэлI Iэсхьэдрэ  къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Хьэсэни (Жьыу) Мухьэмэдрэ.  

Дыщэр къыздикIыр

ЩIэныгъэлIхэм, астрономхэм къызэралъытэмкIэ, дыщэр къыщыунэхуар хьэрш зэтекъутэныгъэшхуэхэр къэхъуа нэужьщ. ЩIэныгъэлIхэр а Iуэхугъуэм йоджэ гаммэ-толъкъун къэхъугъэкIэ (гамма-всплеск). Астрономхэр набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъащ апхуэдэ зы гаммэ-къэхъугъэм. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, апхуэдэ зы зэщIэст-зэщIэлыдэ лъэщыр и Iэужьщ нейтрон вагъуитI зэрызэжьэхэуэм. Гаммэ-къэхъугъэм и щIыпIэм деж махуэ зыбжанэкIэ нэхур хэгъуэщэжыркъым. Абы къыхэкIыу къалъытэ къэхъукъащIэ нэужьым пкъыгъуэ хьэлъэхэр, дыщэри яхэту, къэунэхуу.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и комитетхэм хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр яхэлъхьэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон

  2025 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ лэжьыгъэ IэнатIэхэм яхэлъ щIыналъэ щхьэхуагъэхэр къэзыгъэлъагъуэ коэффициент гъэувыным и IуэхукIэ

НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 15, мэрем
Гъуэгум къыщыхъу автомобиль зэжьэхэуэхэм хэкIуэдахэр ягу къыщагъэкIыж дунейпсо махуэщ
Дзэм къулыкъу щищIэну ираджэм и урысейпсо махуэщ
Урысейм зэщIэгъэуIуауэ щалэжь щIэпхъаджагъэхэм ебэныным хуэгъэпса IэнатIэр къыщызэрагъэпэща махуэщ 
1937 гъэм къалъхуащ «Адыгэ псалъэ» газетым и корректору илъэс 40-м щIигъукIэ хьэлэлу лэжьа, республикэм и дамыгъэ лъапIэхэр зрата Сокъур Тамарэ.

Къандур Мухьэдин и фэеплъу

SIFFA дунейпсо кинофестивалыр Лондон щекIуэкIынущ щэкIуэгъуэм и 18-м. Ар хуэгъэпсауэ щытынущ адыгэ тхакIуэ, макъамэтх, кинорежиссер Къандур Мухьэдин. Лъэпкъ щэнхабзэ зэхуэмыдэхэр зэпызыщIэу, куэдым я зэныбжьэгъугъэм дэлэл хуэхъуа адыгэлIым къызэринэкIа IэдакъэщIэкIым пщIэ хуащIыну къекIуэлIэнущ а зэIущIэм цIыху куэд. Кинофестивалыр зэхэтынущ щэкIуэгъуэм и 24 пщIондэ. 

И чэзум дохутыр зэвгъэплъ

Лышх узыфэхэмкIэ Ростов къалэм щыIэ къэрал IуэхущIапIэм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ операцэ хьэлъэ. ЦIыхухъум и щIыбым хищIа лышх шыкъырыр къыхахащ. 
Сымаджэм зэрыжиIэмкIэ, илъэс зыбжанэ ипэ джалэри, щIыбкIэ техуат. Абдеж щигъуэта сэкъатыр мыкIыжу, уеблэмэ кIуэ пэтми нэхъ ин хъууэрэ, лIым къеныкъуэкъурт, сыт щимыхуами, сыт хуэдэ хущхъуэ зримыхьэлIами сэбэп къыхуэмыхъуу. Уэтэпсыр щымыгъущым, фэбжьыр къехьэлъэкIыпэ щыхъум лIыр сымаджэщым кIуащ. Дохутырхэр къеплъа нэужь, ар занщIэу яунэтIащ лышх узыфэхэмкIэ Ростов щыIэ IуэхущIапIэм. 

И лъэужь мыгъуащэ щIы щхьэфэм къытринащ

Лъэпкъ узэщIакIуэ Къуэдзокъуэ Лэкъумэн щIэныгъэр зи гум илъ, куэд еджэ цIыхут. КъызыхэкIа лъэпкъри щIэныгъэм и дунейм зэрыхишэнум хуэпабгъэрт. А IуэхумкIэ абы зэфIигъэкIа лэжьыгъэр зыхуэдэр къыщыгъэлъэгъуащ критик Сокъур Мусэбий и тхыгъэм.
«Къулыкъум къыдэмыхуэ пэтми, ар тхылъым бгъэдэс зэпытт, дэнэкIи къыщыдэкIыу хъуар къыIэрыхьэрт, езыри мыувыIэу газетхэмрэ журналхэмрэ тхэрт. 

Бзэр дэзыгъащIэр Тхьэм иузэщI, Дунейм и фIыгъуэм щремыщIэ.

 КIыщокъуэ Алим и «Псалъэ» усэм щыщ мы сатырхэр яхуэфащэ дыдэщ анэдэлъхубзэр щIэблэм егъэщIэным зи гъащIэри гуащIэри тыхь яхуэзыщIа IэщIагъэлI минхэм. Мыхьэнэшхуэ зиIэ а лъэпкъ Iуэхум уелэжьыныр, лъэпкъыбзэр ебгъэджыныр, ипэжыпIэкIэ, щIыхь зыпылъ IэщIагъэщ. Илъэс плIыщI хъуауэ а IэнатIэм псэ хьэлэлу пэрытщ КъБР-м и цIыхубэ егъэджакIуэ ДыщэкI Марие. Зи дэтхэнэ дерсри зэIуха лэжьакIуэ пашэм и цIэр зэхэхымыха яхэмытми ярейщ ди егъэджакIуэхэм. Уеблэмэ ар ящыщщ ди республикэм и мызакъуэу, адрей щIыналъэхэми цIэрыIуэ щыхъуахэм.