|
Календарь событий
16 ноября 2024
16 ноября, 2024 - 17:57
Дуней псом щыцIэрыIуэ «Iуащхьэмахуэ» лъэрыжэ курортыр Урысейм и бгы зыгъэпсэхупIэ нэхъыфI дыдэу къалъытэри, «Горы Кавказа» саугъэт нэхъыщхьэмкIэ ягъэлъэпIащ.
16 ноября, 2024 - 16:52
Урысейм ПIалъэкIэ иIа правительствэм и унафэщIу щыта Керенский Александр властыр зэрыIэщIэлъар махуи 109-рэщ. Тхыдэм нэхъ къызэрыхэнари ЩIымахуэ унэ уардэм цIыхубз щыгъынкIэ хуэпауэ зэрыщыщIэпхъуэжарщ. Абы иужькIэ хъыринэм ещIэм ещхьу небэ-къебэу гъащIэшхуэ къигъэщIащ.
16 ноября, 2024 - 13:52
Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УнафэщIу щыта, Налшык щIыхь зиIэ и цIыху, Хэку зауэшхуэм и ветеран Къудей Чэримщ куэд хуилэжьащ ди щIыналъэм, IэужьыфIхэри къытхуигъэнащ.
16 ноября, 2024 - 12:47
2025 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ лэжьыгъэ IэнатIэхэм яхэлъ щIыналъэ щхьэхуагъэхэр къэзыгъэлъагъуэ коэффициент гъэувыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
16 ноября, 2024 - 11:43
2016 гъэм КъБГКъИ-м и тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ Зихьни Зэкерие (Баж Жэбагъы) и Iэдакъэ къыщIэкIа «Адыгэм и псэукIэмрэ и хабзэхэмрэ» тхылъыр. Абы тхакIуэр зэпкърыхауэ щытопсэлъыхь адыгэхэр пщы, уэркъ, лъхукъуэлI, пщылI жиIэу зэщхьэщыкIыу зэрыщытам.
16 ноября, 2024 - 10:22
Лъэпкъыр щызыгъэIэ бзэр зыхъумэ, литературэбзэ къабзэм и джакIуэу унагъуэхэм ихьэ, анэдэлъхубзэм и IэфIагъымрэ беягъымрэ цIыхухэм зыхезыгъащIэ «Адыгэ псалъэ» газетым адыгэбзэкIэ хъыбархэр зэрызэбгригъэхым, бзэм и хъумакIуэ пажэу дызэриIэм, зи гугъу сщIа къалэнхэр игъэзащIэу къызэрыгъуэгурыкIуэм нэмыщI, сэ и гугъу сщIыну сыхуейщ абы дунейм адыгэу тетыр зэрызэпищIэм. Абы теухуа япэ лъэбакъуэр илъэс 40 ипэ ячауэ щытащ газетым щылэжьахэм. А зэманым къигъэувырт гъащIэм зэкъуиуда лъэпкъыр зэрызэрыцIыхужын Iуэху гуэрхэр лэжьын хуейуэ.
16 ноября, 2024 - 09:04
ЩэкIуэгъуэм и 16, щэбэт
Зэхудэчыхыныгъэм и дунейпсо махуэщ
Проект зыщIым и урысейпсо махуэщ
1921 гъэм Москва къыщызэIуахащ литературо-художественнэ институт нэхъыщхьэр.
1942 гъэм «За Советскую Кабардино-Балкарию!» листовкэр къыдагъэкIыу щIадзащ.
1943 гъэм Яхэгуауэ Михаил Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ.
1936 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Дыкъынэ Хьэсэнбий.
|