Календарь событий

18 ноября 2024

Зы псапэрэ псапибгъурэ

(Таурыхъ)

Еуэри, зы ефэнды гуэрым даIимауэ уаз итырт, жи: «Зы псапэ пщIэмэ, Алыхьым псапибгъу и гъусэу къыпхуищIэжынущ!» – жиIэурэ. А къуажэм щIалэ бзаджэжь гуэр дэсти, ар щызэхихым, и жэм закъуэр ефэндым деж ихури кIуащ. Ефэндым езым жэмибгъу иIэт. ЩIалэм къихуа жэмыр щилъагъум, ефэндыр къеупщIащ:

– Мыр сыт, щIалэ? – жиIэри.

– Мыр псапэу уэстыну къэсхуащ, зы псапэ пщIэмэ, Алыхьым псапибгъу щIыгъуу къыпхуещIэж жыпIати, – жи.

ЩIэблэ узыншэ

  ЩIалэгъуалэм хуэгъэзауэ ирагъэкIуэкI «Чистое поколение-2024»  Iуэхум и етIуанэ Iыхьэм къриубыдэу КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэбграгъэхым кIэлъыплъынымкIэ и управленэм и лэжьакIуэхэмрэ министерствэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и инспекторхэмрэ полицэм и  участковэ уполномоченнэхэмрэ,  Урысей ФСИН-м и управленэу КъБР-м щыIэм и Уголовно-гъэзэщIакIуэ инспекцэм  и лэжьакIуэхэм республикэм и Iуащхьэмахуэ, Шэрэдж, Дзэлыкъуэ  районхэр щIаплъыкIащ.

Ущиерэ щапхъэу

    

«Пэжагъэмрэ гуапагъэмрэ дунеишхуэм тепщэ щрехъу» и фIэщыгъэу Шэджэм ЕтIуанэ къуажэм дэт курыт еджапIэ № 3-м иджыблагъэ зэхыхьэ щхьэпэ щекIуэкIащ. Ар къызэрагъэпэщащ а школым и унафэщI Къарэмырзэ Хьэсэн, абы щезыгъаджэ Къэжэр Ланэрэ Къэрэшей Хьэлимэтрэ.

ЗэIущIэр теухуат зи сабиигъуэр зауэм хиубыда ди нэхъыжьыфIхэм я нэгу щIэкIа гугъуехьымрэ хьэзабымрэ зыхуэдам ныбжьыщIэхэр щыгъуазэ щIыным, къэхъу щIэблэр фIым хуэущииным.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон

              «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхухэм я языныкъуэ гупхэм  къэралым псэуныгъэкIэ защызыщIигъэкъуэным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 5-нэ, 10-нэ статьяхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ

        Къэбэрдей-Балъкъэр  Республикэм и

Парламентым  къищтащ         2024 гъэм жэпуэгъуэм и 31-м

1-нэ статья

ГъащIэ лъэужь

ЛъэужьыфI, лъэужь дахэ къэзыгъэна тхакIуэ цIэрыIуэ Къашыргъэ ХьэпащIэ къызэралъхурэ илъэси 110-рэ ирокъу. Абы и гъащIэмрэ гуащIэмрэ ятеухуа тхыгъэ игъэхьэзырауэ щытащ педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидат Ержыб Аслъэн.

Туризмэм гулъытэ хэха хуащI

 

   Урысей Федерацэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм къыхихын щIидзащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу туризм IэнатIэм ехьэлIауэ зыуэ щыт субсидиехэр зратынухэр.

«Туризмэмрэ хьэщIагъэм пыщIэ Iуэхугъуэхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ зэхьэзэхуэ ирагъэкIуэкIынущ а IэнатIэм зегъэужьыным ехьэлаIуэ зыуэ щыт субсидиехэр зыхуагъэфэщэну щIыналъэхэр ягъэбелджылын папщIэ. Абы щытекIуахэм илъэсищкIэ, 2025 гъэм щегъэжьауэ 2027 гъэ пщIондэ ахъшэ иратынущ, зы илъэсым сом меларди 9 хуэзэу.

Лыуэ къалэжьым хохъуэ

  Дызэрыт илъэсым и щIышылэ - фокIадэ мазэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэщ гъэхъун IэнатIэм къыщалэжьым хэхъуащ.

 Псалъэм къыдэкIуэу, Кавказ Ищхъэрэм Къэрал статистикэмкIэ и управленэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и мазибгъум республикэм и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэм зэхэту лырэ джэдкъэзылу (псэууэ шэчауэ) къалэжьащ тонн мин 22,1-рэ, нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм елъытауэ процент 13,2-кIэ ар нэхъыбэщ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

     «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхухэм я языныкъуэ гуэрхэм къэралым псэуныгъэкIэ  зыщызэщIагъэкъуэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 5-нэ, 10-нэ статьяхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм  и Парламентым унафэ ещI:

Дызыхуэмей «хьэщIэхэр»

 Хьэршым зи инагъкIэ зэхуэмыдэ астероид куэдыкIейм къыщалъэтыхь.  Ахэр ЩIым къытеуэнкIэ  шынагъуэ щыIэ? США-м и НАС космос агентствэм ди гур фIы ещI: ахэр псори кIэлъыплъыныгъэм щIэтщ икIи зи кIыхьагъыр метр 50-м щIигъу  (нэхъ цIыкIухэр ди деж къэмысу хьэуам хисхьэнущ) дэтхэнэри телескопхэм жыжьэу къалъагъунущ.  Пэжщ, къалъагъу, арщхьэкIэ языныкъуэхэр мэбзэх, здэкIуари здэжари ямыщIэу.

Таурыхъым хуэдэ Уардэунэ

Мейкъуапэ и къалэ жыг хадэм ит Дыщэ Уардэунэм и теплъэмрэ абы щIэлъ хьэпшыпхэм я дахагъымрэ псалъэкIэ, газет тхыгъэкIэ къэбгъэлъэгъуэным иужь уихьэныр щыуагъэщ. Адыгэм зэ илъагъун хуейуэ и пщэрылъ нэхъыщхьэхэи ящыщу згъэувынт а Уардэунэр. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар ди лъэпкъым и беягъыр, гъуазджэм и дахагъыр, адыгэ бзылъхугъэм и зэфIэкI къызэрымыкIуэр, цIыхупсэмрэ цIыхуIэмрэ къагъэщI телъыджагъэр нэрылъагъу щыхъу таурыхъ унэщ, псэкIэ нэхъ къулей узыщIщ. Абы щIэлъ дэтхэнэ хьэпшыпми езым и тхыдэрэ хъыбаррэ иIэжщ, Уардэунэм и Гуащэм и гъащIэ гъуэгуанэм епхауэ е къызыхэкIа лъэпкъым ехьэлIауэ.

ЩIымахуэм хуагъэхьэзыр

 

ЩIымахуэм епхауэ кIэрыт Iэщыр гъэ техьэн икIи хэщIыныгъэншэу ар ирихын папщIэ мэкъумылэкIэ ирикъуу къызэгъэпэщыным Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм я нэIэ трагъэт зэпытщ.

Республикэм и щIыналъэхэм я администрацэхэм щыIэ Мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ я управленэхэм къызэратамкIэ, мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэм зэхэту Iэщ щхьэ бжыгъэу мин 317,7-рэ яIэу щIымахуэ техьэнущ.  Ар зымащIэкIэ нэхъыбэщ нэгъабэ щыIам елъытауэ.

Уджпхырыху

         ТхакIуэ Къэрмокъуэ Мухьэмэд и къалэмыпэм къыщIэкIа тхыгъэхэм я нэхъыбэм лъабжьэ хуэхъуар гъащIэм къыщыхъуа Iуэхугъуэщ. Шэч хэмылъуи, аращ абы и IэдакъэщIэкIхэр цIыхухэм ягу щIыдыхьэри. ФIы дыдэу къехъулIащ абы и гукъэкIыжхэр я лъабжьэу итхыжа хъыбархэри. Абыхэм ящыщ  зыщ «Уджпхырыху» Iуэтэжри.

        

         Шыгъушэ НэIиб жари Зеикъуэ щIалэ хьэлэмэт дэсащ лэжьакIуэшхуэу, ехьэжьауэ цIыху хьэлэлу, нэщхъыфIэу, гушыIэ дахэ хэлъу, псом ящхьэжу дахащэу къафэу, езыр сэ нэхърэ нэхъыжьми, си ныбжьэгъушхуэу.

НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 18, блыщхьэ

         1917 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, политик цIэрыIуэ, 1956 -1985 гъэхэм КъБР-м и УнафэщIу щыта Мэлбахъуэ Тимборэ.

         1928 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тыгъуэн Рашад.

         1937 гъэм къалъхуащ журналист, тхакIуэ, АР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Багъ Нурбий.