Къэбэрдей-Балъкъэрым и бзылъхугъэ лъапIэхэ!
Анэм и махуэмкIэ сигуми си псэми къабгъэдэкIыу сынывохъуэхъу!
Мы махуэшхуэм ди гум щыз ещI дэтхэнэ зым ди дежкIи лъапIэ цIыхум хуэгъэза гурыщIэ гуапэр, нэхур, IэфIыр. Анэ къалэныр пщIэшхуэрэ мыхьэнэшхуэрэ зиIэщ. Фи Iущагъымрэ пэжагъымкIэ унагъуэ жьэгум и хуабагъэр фохъумэ, щIэблэм я щхьэ Iуэху дагъэкIыжыфу, лъапIэныгъэ нэхъыщхьэхэр яхэлъу фогъасэ. ФIыщIэ фхузощI гулъытэ, шыIэныгъэ фиIэу унагъуэм и зэIузэпэщыгъэм фызэрытелажьэм, Урысейм хуэфэщэн щIэблэщIэ зэрывгъасэм папщIэ.