Календарь событий

26 ноября 2024

Гъуэгуанэ кIыхь икIи купщIафIэ

Ди къуэш республикэм къэрал, политикэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэу, адыгэлI хэкупсэу, куэдым пщIэ хуащIу щыпсэу цIыху щыпкъэщ Дер Вячеслав. Абы и ныбжьыр мы гъэм илъэс 75-рэ ирикъуащ. ГъащIэ гъуэгуанэ кIыхь икIи купщIафIэ, Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ гъэнщIа къызэринэкIащ, политикэ инымрэ хьэрычэт Iуэхушхуэхэмрэ я курыкупсэм хэтащ ар. 

ЛъэужьыфIэ

ЦIыхум ди гъащIэм щиIа мыхьэнэр, пщIэр, нэмысыр нэсу къыщыдгурыIуэр щыдимыIэжым дежщ, ди жагъуэ зэрыхъунщи. Апхуэдэ зы адыгэлIщ мы тхыгъэр зытеухуари, си гугъэщ ар зыцIыхуахэр акъылэгъу къыздэхъуну. Пэжщ, кIуэ пэтми абыхэм я бжыгъэм хощI. Апхуэдэу щымытамэ, куэд згъуэтынут нэхъыбэу зыцIыхуахэри псалъэ гуапэ мымащIэ жызыIэни. Творческэ лэжьыгъэ къулей, щIыхь лъагэ, Iущагъэ, цIыхугъэ ин зыхэлъа нэхъыжь Iумахуэм нэсу, гугъэзагъэу утетхыхьыныр зэрыгугъур зым и дежкIи щэхуу къыщIэкIынкъым.

Насып жыхуаIэр

ЕгъэджакIуэр сабийм и ущиякIуэ къудейкъым, ар абы сыт и лъэныкъуэкIи и щапхъэщ. Абы къыхэкIыу а IэщIагъэр къыхэзыхым къыгурыIуэн хуейщ щIэблэр щIэныгъэм дригъэхьэхыным и мызакъуэу, и гъэсэныгъэми зэрыхуэсакъыпхъэр. 

Бекъул Барэсбий и гукъэкIыжхэр

Адыгэ литературэм и классик ЩоджэнцIыкIу Алий къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъур гъэлъэпIэным теухуа тхыгъэ куэд «Адыгэ псалъэм» къытридзауэ щытащ 2000 гъэм. Газетым и лэжьакIуэхэм тлъэкI къэдгъэнатэкъым ди тхакIуэ щэджащэм и гъащIэм и къекIуэкIыкIар сыт хуэдэ лъэныкъуэкIи къэдгъэлъэгъуэжын папщIэ, ар зыцIыхуу щыта, пыщIэныгъэ хузиIа цIыхухэр къэтлъыхъуэжрэ къэдгъэпсалъэу, я гукъэкIыжхэмкIэ ди газетеджэхэм ядэдгъэгуашэу. Сэри згъэхьэзырат тхыгъэ зыбжанэ.

ЩIэныгъэмрэ IэнатIэмрэ щызэIэпэгъум деж

Ростов щIыналъэм хыхьэ Таганрог (Щэрау) къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ ЦIыху зэрымыс кхъухьлъатэ Iэмэпсымэхэр зэрагъэлажьэ программэхэр зэхэгъэувэнымкIэ «Аэробот–2024» V Урысейпсо зэхьэзэхуэхэр. Абы къыщыхэжаныкIа гупитхум ящыщщ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым икIа ныбжьыщIэ гупри.

НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 26, гъубж
Информацэм и дунейпсо махуэщ
ВакъащIэм и дунейпсо махуэщ
1832 гъэм къызэрагъэпэщащ Урысейм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я Штаб Нэхъыщхьэм и Дзэ академиер.
1941 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик Къумахуэ Мурадин.
1952 гъэм къалъхуащ КъШР-м щIыхь зиIэ и художник Хьэгъундокъуэ Мухьэмэд.

ЦIыхухэм я гум, я псэм дохьэ

Къэбэрдей литературэм и классик ЩоджэнцIыкIу Алий и творчествэр куууэ иджащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор ХьэкIуащэ Андрей. Абы и къалэмыпэм къыщIэкIащ тхакIуэ щэджащэм и гъащIэ гъуэгуанэм техуа къэхутэныгъэ лэжьыгъэ купщIафIэ куэд.