Календарь событий

27 ноября 2024

Спорт хъыбархэр

Ещанэ хъуауэ къагъэзэж

«Фэ топыр -  сабийхэм» фIэщыгъэр зэрихьэу футболымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ Волгоград областым и Волжск къалэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ Бахъсэн къалэм и курыт еджапIэ №3-м и «Iуащхьэмахуэ» топджэгу командэр икIи ныбжьыщIэхэм яхузэфIэкIащ домбеякъ медалхэр абы къыщахьын.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

     Фэтэр куэду зэхэт унэхэу фэтэр куэду зэхэт унэхэм я зэхуэдэ мылъкур нэгъэсауэ  къагъэщIэрэщIэжыным теухуа щIыналъэ программэм хагъэхьахэм я техникэ щытыкIэр къэхутэныр къызэрызэрагъэпэщыну  ЩIыкIэмрэ фэтэр куэду зэхэт унэхэу фэтэр куэду зэхэт унэхэм я зэхуэдэ мылъкур нэгъэсауэ къэгъэщIэрэщIэжыным теухуа щIыналъэ программэм хагъэхьахэм я техникэ  щытыкIэр къызэрахутам кърикIуахэр къызэрапщытэну  ЩIыкIэмрэ, апхуэдэ  программэр щагъэхьэзыркIэ икIи къыщащтэкIэ е  абы зэхъуэкIыныгъэхэр щыхалъхьэкIэ, гъэувыным и IуэхукIэ

Зи хъуэпсапIэхэр лъэпкъым пыщIа

ХамэщIым къыщыхъуа адыгэ цIыхум и гум Хэкур илъмэ, адэжь щIыналъэм и джэ макъыр зыхищIэмэ, ди тхыдэ гуузыр сыт щIыгъуи щIыгъумэ, анэдэлъхубзэр ихъумэмэ - ар лъым и къарущ. Апхуэдэ цIыхухэрщ лъэпкъыр щызыгъэIэри. Адыгэ нэсыр хэкум къекIуэлIэжарэ, щIэбли къыщIэхъуамэ, абы егъэлеяуэ дыщыгуфIыкIын хуейщ, зы адыгэ унагъуэ дахэкIэ лъэпкъыр нэхъыбэ дыхъуащи! Нобэ ди лIыхъужь Шорэ Нарт езым зэрихьэ цIэми лъэпкъми хуэфэщэн гупсысэхэр иIэщ.

Нарт 1984 гъэм дунейм къытехьащ. Сирием къикIыжри, Хэкум къэIэпхъуэжащ 2013 гъэм.

Театр гъуазджэм и хормейстер гъуэзэджэ

 

КъБР-м гъуазджэмкIэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Бицу Юрэ Музыкэ театрыр къыщызэIуаха зэманым япэ дыдэу къыхуагъэфэщащ жэуаплыныгъэ ин зыпылъ хормейстер нэхъыщхьэ къулыкъур.

Макъамэр зи псэм хэлъ Бицур Музыкэ театрым илъэс 50-м нэблагъэкIэ щылэжьащ, а IуэхущIапIэр къыщызэIуаха зэманым щыщIэдзауэ.

Лабэрэ Щхьэгуащэрэ

          

Адыгэ лъагъуэжьхэм ирикIуэн фIыуэ зылъагъухэм я гуп къызэбгъэпэщын ипэ, уэ езыр апхуэдэ гъуэгуанэм утетауи, а Iуэхум цIыху гуэрхэр дебгъэхьэхауи щытыпхъэщ.

Арати, ди зи чэзу ежьэгъуэр къэсащ. ТIэкIу нэхъапэIуэкIэ дыздэщыIауэ щыта щIыпIэхэм ятетха сурэтхэм ди ныбжьэгъу гуэрхэр едгъэплъати, апхуэдэ ди зекIуэкIэм дедгъэхьэхам ящыщщ си адэ шыпхъум и къуэ Уэлджыр Зауррэ абы и щIэблэ нэхъыжь Аслъэнрэ. Иджы ди мурадыр, къэткIухь къудей мыхъуу, адыгэм фIыуэ илъагъу и Хэкужьым щыщ щIы кIапэхэр зэлъэдгъэIэсынырт.

Адыгэм и лъэпкъ къафэхэр

Лъэпкъ къафэхэр, зэдэжэныр, шыгъажэр, Iэпщэрыбанэр, мывэ е гъущI зэдэдзыныр, шыгъэуджыр, зэбэныныр, хьэлъэ къэIэтыныр къыдогъуэгурыкIуэ адыгэм.  А псоми я фIыгъэкIэ ди адэжьхэм я ныбэр къежьауэ плъагъунутэкъым, псори къудант, щхьэпэлъагэт, Iэпкълъэпкъ быдэт. Абыхэм я щIэинрэ щэнхабзэм и унэтIыныгъэ гъэфIауэ къытхуэнар къафэрщ.

Псы цIыкIур псышхуэм здехь

         Сирием къыщыхъеяуэ щыта зауэм къыхэкIри, Хэкум къэIэпхъуэжауэ щытащ Шымыгъашхэ Зигъу. И щхьэгъусэ Маисэрэ (абазэхэщ, Гъышхэ япхъущ) абырэ бынибл зэдапIащ. Псоми адыгэцIэ дахэхэр яIэщ: Азер, Нэхунэ, Маржэ, Димахуэ, Аслъэн, Синэ, Сипсэ (иужьрейхэр зэтIолъхуэныкъуэщ). 

         Зигъу илъэс куэдкIэ инженеру щылэжьащ щIы дагъэ къыщIэзыш IуэхущIапIэм.

НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 27, бэрэжьей

         Урысей Федерацэм и тенджыз Iуфэ лъэсырыкIуэдзэм и махуэщ

         1946 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Хьэжы Анатолэ.

         1951 гъэм къалъхуащ КъБР-м и егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Дадэ Суфэдин.

         1957 гъэм къалъхуащ жылагъуэ лэжьакIуэ, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ фондым и унафэщI ЩоджэнцIыкIу Леонид.