Календарь событий

28 ноября 2024

Къазмыхь Сэлими нэхъ лъэщщ

Рязань къалэм щекIуэкIащ Урысей Федерацэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм я зэхьэзэхуэ. Абы щызэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм я бэнакIуэ куэд.

Балэ Темырлан ятокIуэ

Совет Союзым и ЛIыхъужь Тихмянов Леонид и фэеплъу дзюдомкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ Тулэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 24-м я бэнакIуэ 250-м щIигъу.

«Тэрчым» и топджэгухэр ягъэлъапIэ

Тэрч къалэ администрацэм иджыблагъэ щагъэлъэпIащ «Тэрч» топджэгу командэм хэтхэмрэ тренерхэмрэ, мы гъэм ахэр зыхэта зэIущIэхэм щаIа ехъулIэныгъэхэм щхьэкIэ.

Узыфэ шынагъуэм зэрызыкъуигъащIэ щытыкIэхэр

Лышх узымкIэ Ростов къалэ щыIэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым щрагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къагъэлъэгъуащ хьэбзэгупэм (поджелудочная железа) еуалIэ а узыфэ шынагъуэм и лIэужьыгъуэ 26-рэ къызэрыунэхуар, лъатэмрэ бгъэмрэ къеуалIэ лIэужьыгъуэхэми зэрыкIэрымыхур.

Колле и тхыгъэхэр ди тегъэщIапIэу

ЗэрытщIэщи, Урысей къэралыгъуэм Шэрджэсыр къизэуа нэужь, адыгэхэр я лъахэм ирагъэкIауэ щытащ. Урысейм зэрыщатхыжамкIэ, шэрджэс мин 418-рэ абы щыгъуэ Хэкум ирашат, ауэ Уэсмэн пащтыхьыгъуэм IэпхъуэшапхъуэхэмкIэ и комиссэу щыIам абыхэм я бжыгъэр цIыху мелуани 2,8-рэ хъууэ къигъэлъэгъуат. Тыркухэм адыгэхэр щIыпIэ нэхъ пхыдзахэм игъэкIуат. Апхуэдэу Балканхэр, КъуэкIыпIэ гъунэгъур тIысыпIэ яхуэхъуащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, ди лъэпкъэгъухэм Щамым (Сирием) зыщрагъэзэгъар зэманкIэ XIX лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэрщ.

Редакторхэм я натIэ хъуар

ТхакIуэ, журналист цIэрыIуэ Даур Жэхьфар илъэс 50-кIэ щылэжьа «Черкес хэку» газетыр илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу лэжьыгъэ хьэлэмэт утыку кърихьащ. Абы зэхуихьэсыжащ а лIэщIыгъуэм къриубыдэу газетым и редактор нэхъыщхьэу щытахэм я хъыбархэр. «1967 - 1969 гъэхэм Ленинград парт еджапIэм сы­щеджати, лъэкIыныгъэ сиIащ Салтыков-Щедрин и цIэр зезыхьэ библиотекэм сыщылэжьэну. Абы щIэлът Къэрэшей-Шэрджэсым япэ дыдэ къыщыдэкIахэм къыщыщIэдзауэ иужькIэ къыдэкIа газету хъуар.

Фэншэт икIи напэншэт

ГъащIэм щемыхъулIа е дыркъуэ зытридза цIыхухэм политикэр къыщыхах щыIэщ къызэфIэувэн, я щыщIэныгъэхэр зэран къахуэмыхъун папщIэ. Абы щыгъуэми, мыхьэнэ гуэри мыбдеж щиIэкъым зыщIэбэным: нэхъыщхьэр а политикэм дришеинырщ, власть къритынырщ. Ар IупщIу хыболъагъуэ бзаджэнаджэ дыдэу щыта Геббельс Иозеф и къекIуэкIыкIам.

Фэеплъ лъапIэ

Еджагъэшхуэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор Абдокъуэ Iэуес Исмэхьил и къуэм бзэм ехьэлIауэ зэфIигъэкIар къыпхуэмылъытэнщ. ЩIэныгъэ куу зыбгъэдэлът, и лъэпкъым и зыужьыныгъэм хуэунэтIа Iуэху щхьэпэ куэди зэфIигъэкIащ. ЦIыху телъыджэт Абдокъуэр, и зэфIэкIыр, и цIыхугъэр гъунэншэт. Абы теухуа гукъэкIыж гъэщIэгъуэнхэр ятхыжащ ар фIыуэ зыцIыхуу щытахэм. Абыхэм ящыщы зыщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ Елгъэр Кашиф и тхыгъэри.

И къэунэхукIэм и бжьи и ныбжьи ухэзыгъаплъэщ

Адыгейм и Куэшхьэблэ щIыналъэм пхрыж Щэхъурадж и ижьрабгъу лъэныкъуэмкIэ щысщ Блашэпсынэ (Лашэпсынэ) зи фIэщыгъэ къуажэр. 2023 гъэм абы цIыху мини 3,6-м нэблагъэ дэсащи, и нэхъыбэр (процент 96-м нэблагъэр) адыгэщ. КъызэрыбгурыIуэ хъунумкIи, зэреджэр IыхьитIу зэхэтщ: «блашэ» - жыг лIэужьыгъуэ (клён), «псынэ» - «щIыщIагъыпс» мыхьэнэхэр къарыкIыу.

НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 28, махуэку

♦ГущIэгъу зэхуэщIыным и дунейпсо махуэщ

♦1942 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр партизан гупыр Жэмтхьэлэ Ипщэ щыIэ нэмыцэ гарнизоным теуащ, хэщIыныгъэшхуи иратащ.

♦1926 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ и министру, республикэм и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и секретару щыта Уэрсей Фаинэ.

♦1939 гъэм къалъхуащ хормейстер, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Бицу Юрэ.