|
Календарь событий
29 ноября 2024
29 ноября, 2024 - 17:20
Хамэ щIыналъэм насып щыIэкъым. Ар къыгуроIуэ зи адэжь хэкур зыбгынахэм я нэхъыбэм. «Узыдэмыхьа къуэладжэ лыжь дэлъщ» - адыгэ псалъэжьым къыбжеIэ нэхъыфI къэплъыхъуэу уежьэныр зэрыдзыхьщIыгъуэджэр. АрщхьэкIэ уи лъахэр IэмалыншагъэкIэ убгынэн хуей хъумэ-щэ? Мис апхуэдэ щытыкIэм къихутауэ щытащ 1864 гъэм зи унэр зрагъэбгынэу Тыркум залымыгъэкIэ ягъэIэпхъуа адыгэхэм. КъыкIэлъыкIуэ лIэщIыгъуэм и тIощI гъэхэм абыхэм я лъэужьым ирикIуащ барон Враниль и хужьыдзэм хэтахэр.
29 ноября, 2024 - 16:42
Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм къэралым яхуищI гулъытэм къищынэмыщIауэ, а щIалэхэр дэIыгъыным хуэунэтIауэ жылагъуэми лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкI. «Узэкъуэтмэ, улъэщщ» къыхуеджэныгъэм и мыхьэнэр нэсу ди цIыхухэм къазэрыгурыIуэр наIуэ къищIащ ди зауэлIхэм щIыбагъ быдэ зэрахуэхъум, ахэр зыхуей дэIэпыкъуныгъэхэр жыджэру къыхузэрагъэпэщкIэрэ. Ди къэралым и дэтхэнэ щIыпIэми икIыу абыхэм щIэх-щIэхыурэ яIэрохьэ зыхуэныкъуэ хьэпшыпхэмрэ ерыскъыхэмрэ.
29 ноября, 2024 - 14:34
Алыдж-урым бэнэкIэмкIэ щIалэгъуалэм я 11-нэ урысейпсо зэхьэзэхуэ Рязань къалэм иджыблагъэ щызэхэтащ. Хабзэ хъуауэ ар къызэрагъэпэщ террористхэм пэщIэт «Альфа» гупым хэта, пщэрылъ къыхуащIа къалэныр лIыгъэ хэлъу игъэзащIэу зи псэ зыта майор Соловов Владимир и фэеплъу.
Зэхьэзэхуэм спортсмени 150 хуэдизын кърихьэлIат. Мыбы ди щIыпIэм щыщ щIалэхэри хэтати, я ехъулIэныгъэхэмкIэ дагъэгуфIащ. Килограмм 63-рэ зи хьэлъагъхэм я деж япэ увыпIэр Къазмыхь Сэлим, 72-м нэсхэм КIыщ Аслъэнбэч ещанэр къыщахьащ.
29 ноября, 2024 - 14:28
ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и къежьапIэм деж щытахэм, псыпэр езышэжьахэм яхэтащ Сонэ Мухьэрбий. Япэ уитыныр, гъуэгугъэлъагъуэу ущытыныр зэрыкъалэн гугъур, жэуаплыныгъэшхуэ зэрыпылъыр фIыуэ къыгурыIуэрт абы.
29 ноября, 2024 - 14:18
ТхакIуэ, усакIуэ щэджащэ МэшбащIэ Исхьэкъ зыхэпсэукI лъэхъэнэм узэрыщыпсэум къыпхилъхьэ гушхуэныгъэм, и усэ сатырхэм гур зэригъэушэм, и тхыдэ романхэм укъызыхэкIа лъэпкъыр къузэригъэцIыхум, езыр уи цIыхугъэрэ и лъахэ уихьэху и псалъэ Iущхэмрэ тхылъыщIэхэмкIэ къызэрыбдэгуашэм си дежкIэ уасэ иIэкъым.
29 ноября, 2024 - 12:24
ЩэкIуэгъуэм и 29, мэрем
1917 гъэм Цагъуэ Нурийрэ Дым Iэдэмрэ «Адыгэ макъ» газетым и япэ номерыр къыдагъэкIащ.
1924 гъэм къызэрагъэпэщащ Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ Урысейпсо Зэгухьэныгъэр.
1953 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ, техникэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Хьэмгъуокъу Руслан.
Дунейм и щытыкIэнур
|