Календарь событий

30 ноября 2024

ЩIыналъэ ахъшэр зэрытрагуашэм теухуауэ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ ­Татьянэ зи чэзу зэIущIэр иригъэкIуэкIащ. Абы Iуэхугъуэ 13-м щыхэплъащ, республикэм и бюд­жетыр 2025, 2026 - 2027 гъэхэм зыхуэдэнур къы­щыгъэлъэгъуа дэфтэрри яхэту. 

Хэхъуэ яIэщ

Дызэрыт илъэсым и мазибгъум къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым ерыскъыхэкIхэм елэжь и IуэхущIапIэхэм къыщIагъэкIа псыхэкIхэм я куэдагъым хагъэхъуащ. 2024 гъэм и щIышылэ – фокIадэ мазэхэм хуэзэу псыхэкIхэмкIэ промышленнэ индексыр проценти 186,8-рэ хъуащ.

IэщIагъэм - гулъытэ

Урысей Федерацэм и Къэрал Советым «Сириус» федеральнэ егъэджэныгъэ центрым щригъэкIуэкIа зэIущIэм хэтащ ­КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. 

ПсэукIэр зыхуэдэнур зэлъыта IэнатIэ

КъБР-м и Парламентым щекIуэкIащ Промыш­ленностымкIэ, транспортымкIэ, связымрэ гъуэгу­ хуэIухуэщIэхэмкIэ комитетым и зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и промышленностым зиужьын папщIэ ахъшэу халъ­хьэфым. 

Дзэ автомашинэхэр ягъэлъагъуэ

Налшык, Абхъазым и утыкум, щагъэлъагъуэ Ипщэ дзэ округым и зауэлIхэу дзэ Iуэху хэхам хэтхэм бийм къытраха танкхэр, Iэщэхэр, нэгъуэщI куэди. Бгъэ­Iэпхъуэ хъу гъэлъэгъуэныгъэр къызэ­рагъэпэщащ Ипщэ дзэ округымрэ ­КъБР-м и Правительствэмрэ.