Календарь событий

01 декабря 2024

ЛIыхъужьхэм я фэеплъхэм зэхуашэс

Прохладнэ щIыналъэм хыхьэ Къэрэгъэш къуажэм и курыт еджапIэ №2-м Iуэхугъуэ гукъинэж щекIуэкIащ: мы школым щеджа, дзэ Iуэху хэхам лIыгъэ зэрихьэу хэкIуэда Тэмазэ Тимур и фэеплъу абы къыщызэIуахащ «ЛIыхъужьым и партэр».

Лъэпкъым ухуэлэжьэным нэхъыфI щыIэкъым

ГъащIэм укъыщызыгъэпэж, щыпкъэу къыббгъэдэт ныбжьэгъу уиIэныр насып Iыхьэщ. ЕхъулIэныгъэхэр къыб­дигуэш къудей мыхъуу, дунеягъэ IуэхукIи къыплъэIэсу, хэхъуэри хэщIри къыбдищIэу. Мы тхыгъэр зи IэдакъэщIэкI ­Балэ Людэ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ, и гъащIэр къыдэкIуэтей щIэблэр егъэджэнымрэ гъэсэнымрэ триухуащ.

Уей, уей, «Шэрдан»!

Шэджэм щIыналъэм щыIэ макъамэ школым хэту лажьэ «Шэрдан» къэфакIуэ ансамб­лыр республикэм къы­щыу­нэхуащ 2020 гъэм. Ар цIы­ху­бэм я гум дыхьэну, и цIэр игъэ­Iуну, и закъуэу концерт итыну, «образцовэ» цIэр къы­фIащыну, зэпеуэ куэдым хэ­тыну, ехъулIэныгъэфIхэр зы­Iэ­ригъэхьэну хунэсащ. «Шэрданым» щхьэх ищIакъым а пщIэр къилэжьын папщIэ. Гу­пым езым и дамыгъи (логотип) иIэжщ. «Шэрданым» и утыку итыкIэм, дэплъагъу щэн­хабзэм удехьэх. Абы къы­щыфэ пщащэ цIыкIухэр щIы­кIафIэщ, щIалэхэри гушхуащ.

Къумыкъу Астемыр инструктор нэхъыфIщ

«2024 гъэм мафIэсым пэ­щIэтыным хуэгъэза профилактикэ IуэхумкIэ инструктор нэхъыфI» цIэм щыщIэбэна еп­лъы­ныгъэ-зэпеуэ екIуэ­кIащ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъ­къэ­рым мафIэсым пэ­щIэт-къегъэлакIуэ IуэхущIапIэм и ПСЧ-хэм ящыщхэр.