|
Календарь событий
03 декабря 2024
3 декабря, 2024 - 17:35
Мэзыхьэ Борис 1982 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэс 15-кIэ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэу лэжьащ. Ари ирикъунт зылI и къалэну епхьэкIыну. Ауэ Борис а гъэ дыдэм щегъэжьауэ а къалэным и гъусэу зэрихьащ ди республикэм и Журналистхэм я союзым и унафэщI къулыкъури. Емышу и гуащIэ хилъхьащ жылагъуэ лэжьыгъэми.
3 декабря, 2024 - 17:18
Дэтхэнэ жылагъуэми и узыншагъэр зэлъытар ар мылъкум зэрыхущытырщ. Хьэлэлу щызекIуэмэ, ар шынагъуэм пэIэщIэщ, хьэрэмыгъэкIэ щызэрапхъуэмэ, къызэтещэхэнущ.
Урысейм пащтыхьыр зэрыщытрадзам икIэм-икIэжым хуишащ Япэ дунейпсо зауэр абы фейдэ къыхимыхыу иухыным. Абы теухуауэ куэд пхужыIэнущ, ауэ а езы зауэрщ Урысей мылъкум Iэ щIыIэкIэ хэIэбэхэм я бжыгъэм хэзыгъэхъуари.
Пэжу, хьэжьвакъэжьышххэр сыт хуэдэ лъэхъэнэми щыIащ къэралым и ухуэкIэр зыхуэдэм емылъытауэ, ауэ дэ зи гугъу тщIынур империем и лъэлъэжыгъуэм къэхъуахэращ.
3 декабря, 2024 - 16:32
Налшык къалэм щэкIуэгъуэм и 28-м щыщIэдзауэ дыгъэгъазэм и 2 пщIондэ щагъэлъэгъуащ Ипщэ дзэ округым и зауэлIхэу дзэ Iуэху хэхам хэтхэм бийм къытраха танкхэр, Iэщэхэр, нэгъуэщI куэди.
3 декабря, 2024 - 15:01
Дунейр къызэригъэщIрэ илъэс мелард бжыгъэ хъужами, цIыхур абы мелуан бжыгъэ хъуауэ щыпсэуми, мы ЩIым къытщиущэхур мащIэкъым.
3 декабря, 2024 - 14:16
«Журналист зэдэлэжьэныгъэ» проектым ипкъ иткIэ, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм къикIыу ди редакцэм щылэжьа, «Адыгэ псалъэ» газетым и илъэси 100-р щигъэлъапIэм хэта ди лэжьэгъухэр кIуэжа нэужь, мыпхуэдэ тхыгъэ кIэщI гуапэхэр къытхурагъэхьыжащ:
Аслъэныкъуэ Мадинэ («Черкес хэку»): Ди лъэпкъ газетхэм къызэдагъэщIа «Журналист зэдэлэжьэныгъэ» проектым япэ лъэбакъуэр ичагъащIэ пэтми, шэч къытесхьэркъым абы фIагъ куэд къызэрытхудэкIуэнум, дяпэкIэ илъэс куэдкIи ар зэрылэжьэнум.
3 декабря, 2024 - 12:35
ЩэкIуэгъуэм и 12-м «Азимут» зыгъэпсэхупIэм щекIуэкIащ урысейпсо мыхьэнэ зиIэ дин щIэныгъэ конференц: «Урысейм и муслъымэн цIыхубэр зым тетыпхъэщ».
3 декабря, 2024 - 07:32
Дыгъэгъазэм и 3, гъубж
Ныкъуэдыкъуэхэм я дунейпсо махуэщ
Компьютер графикым и дунейпсо махуэщ
Пестицидхэр къагъэсэбэпу мыдэным и дунейпсо махуэщ
Урысей Федерацэм щагъэлъапIэ Юристым и махуэр
Зи Хэкур зыхъумэжурэ хэкIуэда Сэлэт МыцIыхум и махуэщ
|