|
|
Календарь событий
13 декабря 2024
13 декабря, 2024 - 16:00
Дыгъэгъазэм и 13, мэрем
1920 гъэм Лъэпкъхэм я Лигэм Гаагэ къыщызэригъэпэщащ дунейпсо хеящIэ IуэхущIапIэ.
1926 гъэм Совет къэралыгъуэм щыяпэу абы цIыхуу исыр бжын щыщIадзащ.
1949 гъэм Налшык щекIуэкIащ КъАССР-м и цIыхубз ныбжьыщIэхэм я XI республикэ съезд.
1991 гъэм Налшык щекIуэкIащ КъБР-м ис лъэпкъхэм я лIыкIуэхэм я съезд.
Дунейм и щытыкIэнур
13 декабря, 2024 - 15:30
Лъэпкъым и тхакIуэ нэхъыфIхэм ящыщщ Шортэн Аскэрбий. Абы и къалэмыпэм къыщIэкIа тхыгъэхэр хабжэ адыгэ литературэр зыгъэбеяхэм. Бзэ шэрыуэкIэ, купщIафIэкIэ тхащ и IэдакъэщIэкIхэр, дунейм щекIуэкI Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр и лъабжьэщ. Абы и зэфIэкIым тхыгъэ гъэщIэгъуэн триухуауэ щытащ Къагъырмэс Борис.
«ТхакIуэ IэщIагъэм щыгъуазэм зэи жиIэфынукъым ар IэнатIэ тыншу. Тынш дэнэ къэна, абы нэхърэ нэхъ лэжьыгъэ гугъуу щыIэр, дауи, мащIэ дыдэщ. Махуэ псом псыхъуэм мывэ къыдэпхамэ, уошхэ, зыбогъэпсэхужри, гугъу узэрехьар пщогъупщэж.
13 декабря, 2024 - 15:30
«Нартыхур щыIуахыжыр бжьыхьэрати, цIыхур куэдкIэ нэхъ гугъу дехьу щытащ. Зауэ нэужь лъэхъэнэти, зэрыIэбэни, щатIэгъэни яIэтэкъым бжьыхьэ щIыIэм. ЦIыху къарукIэ къыдачыжа нартыхур шыгукIэ къуажэм къашэжырт е элеваторым занщIэу яшэрти, жэщ псокIэ чэзум щыхэт щыIэт. Абы щыгъуэми, дэ сабийхэр, пщыхьэщхьэм дыкъыдэкIырти, нартыхур къыщашэжкIэ, кIэчан зытхух ди гуфIакIэм дэдгъэзагъэурэ жэщ кIыфIым зыкъэдгъэкIуэдыжырт. Абы махуэм дыкъуэлIыкIынутэкъым.
13 декабря, 2024 - 14:59
Урысейм судкIэ тезыр зытралъхьахэм ар егъэпшынынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм щекIуэкIащ стIолыщхьэ теннисымкIэ турнир. Ар хуагъэпсат Хэкум и ЛIыхъужьхэм я махуэм хуэгъэпсауэ
Зэпеуэм хэтащ командэу 10. Зэпеуэм къыхыхьащ КъБР-м и уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм и ветеранхэри.
13 декабря, 2024 - 14:15
ЛIэужьыгъуэ куэду зэхэт каратэмкIэ, апхуэдэуи зэзауэ зыхэт спорт лIэужьыгъуэмкIэ (ММА) дуней псомрэ Урысей Федерацэмрэ пашэныгъэхэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ екIуэкIа зэхьэзэхуэхэм теухуа зэIущIэ иджыблагъэ щызэхашащ Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм.
Республикэм и журналистхэм яхуэзащ КъБР-м спортымкIэ и министрым и къуэдзэ Хэжь Заур, КъБР-м ММА-мкIэ и федерацэм и унафэщI ПщыукI Залым, КъБР-м лIэужьыгъуэ куэду зэхэт каратэмкIэ и федерацэм и тхьэмадэ Сэбаншы Мурат сымэ, зэпеуэм хэта спортсмен ныбжьыщIэхэр, абыхэм я тренерхэмрэ адэ-анэхэмрэ.
13 декабря, 2024 - 14:00
Дыгъэгъазэм и 13-м «Мыщэм и махуэ» щIыфIащам щхьэусыгъуэ иIэщ. ЩакIуэхэм, мэзхъумэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ гу зэрылъатауэ, мэзым щыпсэу хьэкIэкхъуэкIэхэм я нэхъ иныр щIымахуэ жей щищIыну и гъуэм щигъуэлъхьэжыр а махуэращ.
13 декабря, 2024 - 13:44
Къэбэрдей-Балъкъэрым спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам иджыблагъэ къыщыпсэлъащ КъБР-м и ЦУР-м и «эфир занщIэм» икIи и гугъу ищIащ зи унафэ ищI IэнатIэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэмрэ спортым и Iуэхур зыIутымрэ. Псалъэм папщIэ, Налшык къалэм щаухуащ щхьэ зытелъ, IэрыщI мыл зэрылъ спорт комплексыр. Дызэрыт илъэсым и кIэм ирихьэлIэу ар лажьэу ирагъэжьэнущ, къэнэжар абы щхьэкIэ зыхуэныкъуэну дэфтэрхэр хьэзыр хъунырщ.
13 декабря, 2024 - 13:03
Нобэ Кърыму тцIыху щIыналъэм 8-нэ лIэщIыгъуэм къыщызэрагъэпэщауэ щытащ Константинополь патриархатым и зы къудамэу Гъуэт епархиер. Феодорэ зыфIаща щIыналъэм и члисэ лэжьакIуэхэм яIурылъыр пасэрей герман лъэпкъыжьхэр зэрыпсалъэу щыта бзэрт. ИужьыIуэкIэ, 9-нэ лIэщIыгъуэхэм, алыджыбзэр къызэдащтащ. ХытIыгум лъэпкъ куэд щызэхэст, сондэджэр бжыгъэншэхэр къекIуалIэрт, ауэ щыхъукIи, зэгурыIуэну зы бзэ яIапхъэти, гъуэтыбзэр къыхахауэ, псоми яIурылът. Арами, а зэман жыжьэм хытIыгум щыIурт адыгэбзэри!
|