Календарь событий

17 декабря 2024

Нэхъыбэр нартыхурэ сэхуранрэщ

2024 гъэм и мазипщIым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш IуэхущIапIэхэм къалэжьауэ нэгъуэщI щIыналъэхэм хурагъэшар нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ нэхъыбэщ.

ЩIыхуэу ятым хохъуэ

Дызэрыт илъэсым жэпуэгъэм и 1-м ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и бизнес иным, хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ хэтхэм, уней IуэхущIапIэхэм псоми зэхэту кредит ахъшэу сом мелард 40-м щIигъу банкхэм къыIахащ икIи нэгъабэ щыIа бжыгъэхэм нэхърэ ар проценти 7,4-кIэ нэхъыбэщ.

ЛэжьапIэншэхэр нэхъ мащIэ мэхъу

Къэбэрдей-Балъкъэрым цIыхухэм лэжьыгъэ IэнатIэхэр къахуэгъуэтынымкIэ и къулыкъум дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ лэжьапIэншэу щатхахэм я бжыгъэм кIэрыхуурэ макIуэ икIи 2024 гъэм дыгъэгъазэм и 9-м ирихьэлIэу апхуэдэхэр цIыху 2291-рэ хъууэ аращ. Ар процент 44,9-кIэ нэхъ мащIэщ илъэсым щыщIидзэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ. Мы гъэм щIышылэм и I-м лэжьапIэншэу ятхауэ щытар цIыху 4156-рэ хъурт.

Япэ ирагъэщ IэнатIэхэр

2024 гъэм и щIышылэ - фокIадэ мазэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мылъку нэхъыщхьэм инвестицэ ахъшэу ягъэкIуам и куэдагъыр 2023 гъэм и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм елъытауэ проценти 146,2-рэ хъуащ - сом мелард 39,2-рэ хуэзэу.

Мэкъумэш IэнатIэм и зэфIэкIхэр

Мы илъэсым и мазипщIым къриубыдэу ди республикэм и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэм зэхэту къыщIагъэкIащ продукцэу сом мелард 59,5-рэ и уасэ е нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм проценти 104-кIэ хуэкIуэу.

Проценти 121,1-рэ мэхъу

Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ - жэпуэгъуэм мазэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и промышленнэ индексыр нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм елъытауэ проценти 121,1-рэ хъуащ.

Щэнхабзэм и хъугъуэфIыгъуэхэр

СССР-ми Урысейми нэхъ режиссёр Iэзэу исахэм яз Рязанов Эльдар «Романс гущIэгъуншэ» зыфIища и фильмыр дунейм къызэрытехьэрэ илъэс 40 ирикъуащ. ЦIыхубэм фIыуэ ялъагъу актёрхэмрэ литературэ лъабжьэ зиIэ теплъэгъуэмрэ хэлъэтышхуэ зиIэ режиссёрым и IэдакъэщIэкIым зэрыщызэуIуар щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм ягу къагъэкIыж.

Гугъэр гъащIэм и пкъощ…

Лъэпкъым къыддогъуэгурыкIуэ псалъэжьхэр. Абыхэм дунейр ягъэнахуэу, куэдым гу лъыуагъатэу, чэнджэщ пэлъытэ хъууэ, уагъэгупсысэу зэхэтщ. Куэду зэщхьэщокI ахэр, дауи. Хэт тхыдэм хокIуатэ, хэт зэманым бгъурытщ, яхэтщ хъыбар зиIэхэри, нэгъуэщIхэри. Псалъэжь зыбжанэ къызэпкърытхрэ деплъмэ…

Лъэпкъым и къуэ

Адыгэ Республикэм и япэ Президент, экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, ЩIДАА-м и академик, МГИМО-м щIыхь зиIэ и профессор, Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием хыхьэ ЭкологиемкIэ академием, ИнформатизацэмкIэ дунейпсо академием хэт Джарым Аслъэн Алий и къуэм и гъащIэм, зыпэрыта къулыкъум щиIа ехъулIэныгъэхэм, адыгэлI щыпкъэу дунейм зэрытетым теухуа тхыгъэ «Адыгэ псалъэ» газетым къригъэхьащ КъШР-м щыщ, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Даур Борис.  

IэщIагъэм къыхуигъэщIа

Зи узыншагъэкIэ гукъеуэ зиIэхэр махуэкIэрэ щIэлъу, къыщеIэзэу Налшык дэт 3-нэ поликлиникэм иIэ къудамэм сыкIуэн хуейуэ къыслъыкъуэкIат. ПцIыр сыткIэ щхьэпэ, абы хухаха 4-нэ къатыр екIуу зэлъыIухат, и лъэгур зэщIэцIууэжу, лыдырт. И блынхэри апхуэдэт. Абы и закъуэ - зэрыполиклиникэу къабзэщ, нэхъапэхэми мызэ-мытIэу сыщIыхьати гунэс сщыхъуат. ПIалъэ кIэщIкIэ цIыхур зыщIэлъ, мастэ къыщыхаIу, хущхъуэ къыщрахьэлIэ къатым и унафэщI Щоджэн Аминэ си тхылъымпIэхэр сIихщ, сызыгъэпIейтеймкIэ къызэупщIри, къыдэлажьэ дохутырхэм ящыщ зым деж сигъэкIуащ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

«ЩIыуэпс, техноген къэхъукъащIэ къызэрымыкIухэм цIыхухэмрэ щIыналъэхэмрэ ящыхъумэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законымрэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мафIэс шынагъуэншагъэр зэрыщыгъэувам и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законымрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:

НОБЭ

Дыгъэгъазэм и 17, гъубж

♦Урысейм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм стратегие мыхьэнэ зиIэ я ракетэдзэхэм я махуэщ

♦Урысейм и Къэрал фельдъегер къулыкъум и лэжьакIуэхэм я махуэщ

♦1936 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, адыгэхэм я деж печатым зэрызыщиужьам и къэхутакIуэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, АР-м щIыхь зиIэ и журналист ХъуакIуэ Заур.