«Хэкум и хъумакIуэхэр» къэрал фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэр УФ-м щыпэрытхэм яхэтщ дзэ Iуэху хэхам ныкъуэдыкъуагъэ хэзыхахэм я тыншыпIэ щыпсэу унэхэм къащыхузэгъэпэщынымкIэ, зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ ядэIэпыкъунымкIэ.
Дыгъэгъазэм и 27-м къэралым щагъэлъапIэ КъегъэлакIуэм и махуэр. Абы теухуа Iуэху гуапэхэр щрагъэкIуэкI Урысейм и МЧС-м и управленэу КъБР-м щыIэм, я лэжьакIуэхэр, ветеранхэр ягъэгушхуэу.
Налшык дэт «Принт Центр» тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ дэщIыгъупхъэхэмкIэ гъэщыпкъэжауэ къыщыдэкIыжащ «Нартхэр. Адыгэ эпос» тхылъышхуэр. ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и Президиумымрэ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и Къэбэрдей-Балъкъэр ЩIэныгъэ центрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и ЩIэныгъэлIхэм я советымрэ я унафэкIэ дунейм къытехьа тхылъ щхьэпэм и бжыгъэр зы мин мэхъу.