|
Календарь событий
05 января 2025
5 января, 2025 - 12:00
Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрым дыгъэгъазэм и 14 - 15 махуэхэм щекIуэкIащ иджырей гъуазджэхэмкIэ «Арт-Эль» щIымахуэ фестиваль гъэщIэгъуэныр. Ар къызэригъэпэщащ «Гильдия мастеров современного искусства» жылагъуэ зэгухьэныгъэм ди щIыналъэм щиIэ къудамэм.
5 января, 2025 - 11:00
Къэхъун дэт 2-нэ курыт еджапIэ №2-м Iуэху дахэ щекIуэкIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ ХьэхъупащIэ Амырхъан и фэеплъу къызэрагъэпэщащ пэщIэдзэ классхэм я деж щегъэжьауэ нэхъыжьхэм щIэсхэри зыхэта зэхьэзэхуэ. Ди республикэм и мызакъуэу, къэрал псом къыщацIыхуу щыта, лъэпкъ литературэмрэ IуэрыIуатэмрэ хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа усакIуэм, джэгуакIуэм и художественнэ щIэиныр къыдэкIуэтей щIэблэм зэрыбгъэдалъхьэным иужь итщ курыт еджапIэм и унафэщIымрэ егъэджакIуэхэмрэ. Апхуэдэуи ХьэхъупащIэхэ я лъэпкъыр зэрыгушхуэ цIыху цIэрыIуэм и лъэужьыр зэрыхамыгъэгъуэщэным и зы Iэмалу жэрдэм ящIащ зэпеуэм къыщыхэжаныкIхэр ахъшэ саугъэткIэ ягъэлъэпIэну (ар зи гукъэкIыр Амырхъан и къуэрылъху Ерджынокъуэ Ксениещ).
5 января, 2025 - 10:14
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм хэтхэм я зэIущIэр Налшык къалэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ Къэбэрдей, Адыгей, Шэрджэс Адыгэ хасэхэм, Европэм щылажьэ Адыгэ Хасэхэм я Федерацэм, «Хэку» зэгухьэныгъэм я тхьэмадэхэр. ПэIудза щIыкIэм тету лэжьыгъэм хэтащ Израилым, Тыркум, Ставрополь, Краснодар крайхэм щыIэ Адыгэ Хасэхэм я тхьэмадэхэр.
5 января, 2025 - 10:00
Владикавказ къалэм «Снежный барс» фIэщыгъэр иIэу иджыблагъэ щекIуэкIащ тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэ лIэужьыгъуэхэмкIэ) 4-нэ зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 11-м я спортсмен 350-м щIигъу.
|