Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ боксер КIэрэф Тимур Налшык къалэм щытекIуащ Ираным къикIа Мехраби Саджад. «Профессиональнэ боксым и пшыхь» зэхьэзэхуэр къызэрагъэпэщат боксерхэм я зэIущIэхэр зэхэзышэ, ахэр нэгузыужьу езыгъэкIуэкI «Iron & Gloves Promotions», «PATRIOT Boxing» IуэхущIапIэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэмрэ КъБР-мрэ УФ-мрэ БоксымкIэ я федерацэхэм я дэIэпыкъуныгъэ хьэлъу.