Календарь событий

10 января 2025

Къабзагъэр япэ иригъэщу

Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыщIагъэкI тхылъымпIэмрэ абы къыхэщIыкIа хьэпшыпхэмрэ я куэдагъым илъэс къэс хэхъуэ зэпытщ. Дызэрыт илъэсым къриубыдэу псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ мин 77,8-рэ къыщIагъэкIащ. Ар процент 30-кIэ нэхъыбэщ нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ. 

Республикэм къыщыщIагъэкI тхылъымпIэмрэ абы къыхэщIыкIахэмрэ я нэхъыбэр къылъос Кавказ Ищхъэрэм щынэхъ инхэм ящыщу Аруан щIыналъэм щыIэ «Эрпак» IуэхущIапIэм. Ар йолэжьыж тхылъымпIэ Iув къагъэсэбэпахэм икIи абыхэм къыхещIыкI картонхэмрэ гофрэхэмрэ. 

Къуршхэр зи ныбжьэгъу Пекъу Алинэ

Урысейм и тхыдэм щыяпэу, я лъагагъкIэ метр мини 8-м щIигъуу дунейм тет къурш 14-ми я щыгухэм ихьа, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ адыгэ пщащэ Пекъу Алинэ иджыблагъэ ежьащ Антарктидэм щыIэ Винсон къуршым дэкIыну.

НэкулъхэкIхэм къыщIэупщIэм хохъуэ

Дызэрыт илъэсым и щIышылэ - жэпуэгъуэ мазэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыщIагъэкIащ нэкулъ зэмылIэужьыгъуэу тонн 575,7-рэ, нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 3,4-кIэ нэхъыбэщ ар.

МакъамэкIэ ФатIимэ къытхуиIуатэр

Уэрэдус икIи уэрэджыIакIуэ, ди усакIуэ цIэрыIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэмрэ дыжьын лIэщIыгъуэм и усыгъэмрэ зи лъабжьэ, езым макъамэ зыщIилъхьа уэрэдхэр дахащэу зыгъэзащIэ Абазэхэ ФатIимэ и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ щрикъум ирихьэлIэу, Прохладнэ районым хыхьэ Алътуд къуажэм щекIуэкIащ абы и пшыхь. 

ГущIэм зэпхидз сатырхэр...

Псалъэр къару лъэщщ. Абы Iуэхугъуэшхуэхэм уахуегъэуш, гуращэ инхэм уакъыхузэщIеIэтэ, лIыгъэщIапIэ урегъэувэ. Апхуэдэ дыдэуи а псалъэр мэгие: цIыхугъэм къемызэгъ дуней тетыкIэр къызэтрегъэувыIэ, цIыхум и пщIэр зыгъэцIыкIу щытыкIэхэм пэщIоувэ. Псалъэр нэсу зыгъэлъащэр жылэм и джакIуэ мэхъу: апхуэдэр къалъыхъуэ, я гукъеуэр бгъэдалъхьэну, я гумэщIыгъуэхэмкIэ дэгуэшэну, къалъыса леймрэ щIэщхъумкIэ чэнджэщэгъу къащIыну. Хэти ещIэ, псэлъэкIэ зыщIэр джэгуакIуэщ. Ар мысагъэмрэ захуагъэншагъэмрэ пэщIэтщ, пэжым и телъхьэщ, цIыхухэмрэ жылэхэмрэ зэгурызыгъаIуэщ.

Тхьэрыкъуэхэр икIи зауэлIщ…

 ГъэщIэгъуэнщ

- Дэ дощIэ шымрэ хьэмрэ пасэ зэман лъандэрэ цIыхум и  щIэгъэкъуэныфIу къызэрекIуэкIыр. Ардыдэр яхужытIэ хъунущ ди гъусэу псэу  тхьэрыкъуэхэми. Ауэ  абы теухуауэ дызыщыгъуазэр, шэч хэмылъу, нэхъ мащIэщ.

Дин хъыбарым къызэрыхэщыжымкIэ, дунейр псым щыщIигъэнам щыгъуэ Нухь бегъымбарым тхьэрыкъуэ иутIыпщауэ щытащ и кхъухьыр щекIуэлIэфыну щIыпIэ къригъэлъыхъуэну. Мыдрейм игъэзэжащ жыг къудамэ цIыкIу иIыгъыу. Абы къигъэлъагъуэрт псыр зэрыжэщIыжыр икIи къригъэла цIыхухэмрэ псэущхьэхэмрэ  щеувэхын щIы кIапэ  мыгувэу къыщIэщыну.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2019 - 2028 гъэхэм ятещIыхьа и Мэз планым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2019 - 2028 гъэхэм ятещIыхьа и Мэз планым, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2019 - 2028 гъэхэм ятещIыхьа и Мэз планыр къэщтэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2018 гъэм щэкIуэгъуэм и 30-м къыдигъэкIа Указ №188-УГ-мкIэ къищтам, мы Указым щIыгъу гуэдзэным къыщыхьа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ

КIУЭКIУЭ Казбек

КIуэцIрыкIыбжэ

    Бицу Анатолэ «КIуэцIрыкIыбжэ» зыфIища и тхылъым теухуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Гъут Iэдэм и тхыгъэр.

     «КIуэцIрыкIыбжэ» тхылъыр дунейм къызэрытехьэрэ зэман гуэр кIуами, критикэм гу зылъитахэми ящыщкъым, хабзэ къежьам тету, езы авторми лъэтеувэ хуищIын Iуэху лъэпкъ зэрихуакъым. Абы щыгъуэми, мы тхылъым утепсэ­лъыхьыну къелэжь.

НОБЭ

ЩIышылэм и 10, мэрем

            1915 гъэм къалъхуащ «Черкес плъыжь» (иджы «Черкес хэку») газетым и япэ редактор нэхъыщхьэу щыта Уэхъутэ Анзор.

         1918 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, драматург, IуэрыIуатэдж, КъБР-м и цIыхубэ артист КъардэнгъущI Зырамыку.

         1949 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор Шукай ФатIимэ.

 

Дунейм и щытыкIэнур