|
Календарь событий
12 января 2025
12 января, 2025 - 11:18
Дэтхэнэ адэ-анэм я дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ гъэсэныгъэ тэмэм зыхэлъ щIэблэ узыншэ къащIэхъуэным. Аращ абыхэм я дежкIэ насыпу щыIэм я нэхъыщхьэ дыдэр, сыту жыпIэмэ быным къыуит гушхуэныгъэм хуэдиз нэгъуэщI зыгуэрми къыпхилъхьэфынукъым.
12 января, 2025 - 11:09
«Адыгэ псалъэ» газетыр илъэси 100 зэрырикъуар лъэпкъым дежкIэ махуэшхуэу къелъытэ и тхыгъэр зи IэдакъэщIэкI, Джэрмэншык къуажэм и нэхъыжьыфI ЛIуп Нурхьэлий. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, адыгэхэм нэхъапэм газети, тхылъи диIакъым, диIэми, еджэфынур мащIэ дыдэт.
12 января, 2025 - 10:05
УсакIуэ, тхакIуэ, журналист Къагъырмэс Борис Хьид и къуэр Лэскэн районым хыхьэ Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм 1935 гъэм щIышылэм и 6-м къыщалъхуащ. 1953 гъэм къуажэ курыт еджапIэр къеухри, зы илъэскIэ абы щолажьэ пэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэу. 1954 гъэм Къэбэрдей къэрал пединститутым (иджы КъБКъУ-м) и филологие факультетым щIотIысхьэри, 1959 гъэм ехъулIэныгъэкIэ ар къеух, урысыбзэмрэ литературэмрэ щIэблэм иригъэджыну къуажэ школым егъэзэж.
12 января, 2025 - 10:01
«Адыгэ псалъэ» газетым зи макъ къиIукI ныбжьыщIэхэм я бжыгъэм, ди гуапэ зэрыхъунщи, хэхъуэ зэпытщ. Къытхыхьэ щIалэгъуалэр жанщ икIи жыджэрщ, я зэфIэкIым зэрыхагъэхъуэным, я тхэкIэр зэрырагъэфIэкIуэным, утыку кърахьэ гупсысэр шэрыуэу зэрызэпагъэувэным иужь итщ, лэжьыгъэми гурэ псэкIэ етащ.
12 января, 2025 - 09:58
ЗэкIэ къызэрабжамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш-промышленнэ комплексым 2024 гъэм продукцэу къыщIигъэкIащ псори зэхэту сом меларди 110-м нэблагъэ и уасэ. Ар процент 22-кIэ нэхъыбэщ абы ипэ илъэсым щыIа бжыгъэхэм нэхърэ.
|