|
Календарь событий
13 января 2025
13 января, 2025 - 18:07
Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ – щэкIуэгъуэ мазэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и фермерхэмрэ уней IуэхущIапIэхэмрэ зэхэту къалэжьащ лырэ джэдкъазылу (псэууэ шэчауэ) тонн мин 28-м нэблагъэ.
Ар процент 15,8-кIэ нэхъыбэщ 2023 гъэм и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм елъытауэ. Республикэм псори зэхэту лырэ джэдкъазылу къыщалъэщым и Iыхьэ плIанэм щIигъур абыхэм къалъос.
13 января, 2025 - 16:48
ЩIалэгъуалэр мы зэманым «къыщоудж» Интернетым. Хэти сэбэп пылъу, нэхъыбэм - я зэманыр ауэ сытми щагъакIуэу… Иужьрейхэм къащхьэщыкIыу, Ует Заремэ мазитIым щIигъуауэ адыгэбзэкIэ тхыгъэ напэкIуэцIитI нэхъ мыхъуми махуэ къэс къызэреджэным иужь итщ икIи «Тхыгъэхэм сыкъыщеджэм сызыщымыгъуазэу къыхэстхыкIа псалъэхэр» жери, абыхэм къикIыр щIыгъуу, и напэкIуэцIым кърелъхьэж. Къыхэгъэщыпхъэщ, хъыджэбзым ищIэ лэжьыгъэм цIыху мини 4-м щIигъу зэрыкIэлъыплъыр.
13 января, 2025 - 15:05
ЦIыхубэм я узыншагъэр гъэбыдэным ехьэлIа IуэхухэмкIэ ведомствэ зэхуаку зэзыгъэуIу советым хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2024 гъэм гъатхэпэм и 12-м къыдигъэкIа Указ №12-УГ-мкIэ щIэгъэбыдам зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
13 января, 2025 - 14:43
Одиссей зекIуэ къыздикIыжым, дыкъыщоджэ Гомер и поэмэ цIэрыIуэм, хыуаем хиубыдэри иныжь нэ закъуэхэр щыпсэу хытIыгум есылIэн хуей хъуащ. Я нэгу хытIыгум щыщIэкIар мыпхуэдэу къиIуэтэжащ Одиссей.
13 января, 2025 - 14:09
Мазищ ипэкIэ дунейм къытехьа «Гъуазэ» журналым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэхэр зэрыщыгуфIыкIам, абы къыдэкIыгъуэщIэхэр щIэхыу къызэрыкIэлъыкIуэнумкIэ IэнатIэм пэрытхэм гугъапIэхэр зэращIам «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым и лэжьакIуэхэр ягъэгушхуат, Iуэхуми далэ щIагъуэ дамыхыу и ужьи иригъэхьат.
13 января, 2025 - 12:26
Нарт лIыхъужьхэм ящыщу Бэдынокъуэ лIыгъэрэ къарукIэ нэхъ лъэщ дыдэу къыхощ IуэрыIуатэм.
Адрей лIыхъужьхэм я щэным хэлъщ пэщIэщIэгъухэм ятекIуэн папщIэ къахуэсэбэп гуэрхэр. Псалъэм папщIэ, Сосрыкъуэ и лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ дэщIыгъущ псэзэпылъхьэпIэм къызэрыпекIуэкIыф хьилагъэ. Ашэмэз иIэщ дыщэ бжьамий телъыджэ. Бэдынокъуэ теухуа хъыбархэм ящыщу куэдым нэхъ ящIэж абы нартхэм къахилъхьа хабзэфIыр къызыхэщыр. Хъыбарым къэIуэтэжыкIэ зыбжанэ иIэу къокIуэ. НАЛО Ахьмэдхъан зэритхыжам дыкъевгъаджэт.
Бэдын дадэ
(Нарт хъыбар)
13 января, 2025 - 11:44
ЩIышылэм и 13, блыщхьэ
Урысей печатым и махуэщ
1930 гъэм къалъхуащ адыгэхэм ящыщу геолог IэщIагъэр япэу зэзыгъэгъуэта, Ставрополь щIыналъэм газ куэду зыщIэлъ щIыпIэ къыщызыгъуэта Гуэщокъуэ Хьэсэнбий.
1954 гъэм къалъхуащ «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ, КъШР-м щIыхь зиIэ и журналист Уэрдокъуэ Женя.
Дунейм и щытыкIэнур
|