|
Календарь событий
14 января 2025
14 января, 2025 - 15:12
Спортивнэ гимнастикэм ди республикэм япэ лъэбакъуэхэр щичу арауэ жыпIэ хъунущ. Абы къыхэкIыу, иджыблагъэ зэхэсха хъыбарым сытригъэгушхуащ нобэрей интервьюр фи пащхьэ нислъхьэну. Щхьэусыгъуэ хуэхъуари Владимир къалэм спорт гимнастикэмкIэ щекIуэкIа урысейпсо зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр къыщызыхьа ди хъыджэбз цIыкIу Блий Элинэ и тренерыр дуней псом щыцIэрыIуэ спортсменкэ Продуновэ Еленэу зэрыщытыр къызэрысщIарщ. Сэ икъукIэ сфIэгъэщIэгъуэн хъуащ апхуэдэ цIыху хьэлэмэтыр, дуней псом зи цIэр фIыкIэ щызыгъэIуар ди республикэм зэрыщылажьэр. Ар сщIакъым икIи уеблэмэ си жагъуи хъужат. Сыту жыпIэмэ, республикэм спортым и лъэныкъуэкIэ къыщекIуэкIхэм сакIэлъыплъырт икIи а IэнатIэм и Iуэху зыIутхэм мыIейуэ сыщыгъуазэу зыкъысщыхъужырт. Си щыуагъэр згъэзэкIуэжыну яужь сихьэри, мы тхыгъэр згъэхьэзыращ.
14 января, 2025 - 15:00
Шэджэм ЕтIуанэм и Iимам ХъуэкIуэн Арсен и хъутIбэхэм я зыр теухуат КъурIэным сурэ псо зыхухаха Лэкъумэн щэджащэм. Iущыгъэм и дамыгъэ хъуа а цIыхушхуэр нэхъ лейуэ къыщIыхагъэща щхьэусыгъуэм деж къыщыщIидзат Iимамым и псалъэм.
14 января, 2025 - 14:00
1846 гъэм Одессэ къыщыдэкIауэ щытащ япэ урыс-адыгэ псалъалъэр. Ар и Iэдакъэ къыщIэкIат лъахэхутэ Люлье Леонтий (1805 - 1862). 1820 гъэм щыщIэдзауэ дунейм ехыжыху щIэныгъэлIыр Адыгэ Хэкум щыпсэуащ, абы и къулыкъур щрихьэкIырт хы ФIыцIэм и къуэкIыпIэ Iуфэм.
14 января, 2025 - 12:00
Къуныжь ХьэIишэт и «Удзыпэ тхьэлъэIу» тхылъым щызэхуэхьэсащ усэхэмрэ поэмищрэ. Абыхэм гъуджэм хуэдэу къощ усакIуэм и псэр, сатыр къэс къыдоджыкI ар зэрынабдзэгубдзаплъэр.
14 января, 2025 - 11:00
Дызыщыпсэу лъахэм нэхърэ хамэ щIыпIэхэм зыщытплъыхьыну нэхъ дыхуоIэ. Абы щыгъуэми ди щIыналъэр цIэрыIуэщ бгылъэ щIыпIэхэмкIэ, псыкъелъэхэмкIэ, гуэлхэмкIэ. Ахэр аэросъемкэкIэ дегъэлъагъу Даур Алим.
14 января, 2025 - 10:00
«2025 гъэмрэ планкIэ 2026, 2027 гъэхэм яку дэлъ лъэхъэнэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ФIэкIыпIэ зимыIэ страхованэмкIэ и щIыналъэ фондым и бюджетым и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
14 января, 2025 - 09:00
ЩIышылэм и 14, гъубж
♦МахуэгъэпсыжьымкIэ ИлъэсыщIэм и япэ махуэщ
♦1921 гъэм Налшык къыщызэIуахащ къэрал библиотекэ.
♦1580 гъэм къалъхуащ адыгэпщ, Урысейм и къэрал лэжьакIуэ, дзэ къулыкъущIэ Черкасский Дмитрий (Къанщауэ).
♦1890 гъэм къалъхуащ адыгэ тхакIуэ ЩакIуэ Талъостэн.
♦1936 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Шэвлокъуэ Валентин.
|