Календарь событий

15 января 2025

Оренбург зыхуагъэхьэзыр

Черкесск къалэм щекIуэкIащ самбэмкIэ 9-нэ урысейпсо зэхьэзэхуэ зэIуха. 

Iуащхьэмахуэ къыщыщыща хакIуэ

Къэбэрдейр Хэкум щисым щыгъуэ, Урысыр къезэуэн мурад ищIауэ щхьэусыгъуэ лъыхъуэт, жи.

ПщIэрэ щIыхьрэ зыхуэфащэхэм я фэеплъу

БлэкIар зыщыгъупщэм къэкIуэнур къызэрегуэуэжынур гъащIэм мызэ-мытIэу къигъэлъэгъуащ. 

ШахматымкIэ нэхъ лъэщхэр

Налшык къалэм щекIуэкIащ шахмат къызэрыгуэкIымрэ блицымкIэ зэхьэзэхуэхэр.

Си Iуэху зыхэмылъым сыхэIэбакъым

 Зэгуэрым Лэкъумэн цIыхухэр къепщIауэ зэхэтт. Ар журт гуэрым къилъагъури ябгъэдыхьащ. «Сыт мыбдеж къыщыхъуар?» - жиIэу щыщIэупщIэм, «Лэкъумэн едаIуэу аращ» къыжраIащ. Езыри кIуэцIрыкIщ, цIыхухэм яхыхьэри, Лэкъумэн нэхъ пасэм илъэгъуауэ зэрыщытар къищIэжри къицIыхужащ. «Уа Лэкъумэн! Уэракъэ мыпхуэдэ зэманым, мыпхуэдэ щIыпIэм, мыпхуэдэм и мэлхэр зыгъэхъу и пщылIу щытар?» - жиIэри еупщIащ. «Сэращ», - къритащ жэуап. «НтIэ, дауэ мыпхуэдэ увыпIэм узэрынэсар?» - жиIэу щеупщIым, жэуап къритащ: «СыщыпсалъэкIэ пэж фIэкIа жысIакъым. Дзыхь къысхуащIам сепцIыжакъым.

И цIэр жыжьэ мэIу

Къуажэ
 

ХьэщIэм и пщIэр лъагэт

«Адыгэм хьэщIэ и щIасэщ» жаIэ. Адыгэм хьэщIэм зэи лей къытрагъэхьэртэкъым, хуэфэщэн хабзэ кIэлъызэрахьэрт. ХьэщIэр цIыхухъууи цIыхубзуи щытынкIэ мэхъу. ЦIыхухъу хьэщIэр нэхъыбэрэ къызэрыкIуэр шууэт. ЦIыхубзыр гукIэт. Шу хьэщIэм и фащэр мырат: щIакIуэ-бащлъыкъ щыгът, дохъутейм илъу адыгэ фоч, щIакIуэм и щIыIукIэ пщIэхэлът. Къамэ, сэшхуэ, фочкIэщI кIэрыщIат. Шу хьэщIэр пщIантIэм зэрыдыхьэу, шы фIэдзапIэм екIуалIэрт. Шур емыпсых щIыкIэ бысымыр къэсырт. Шум сэлам къитырт. Бысымым сэламыр къыIихырти, шум и ижьырабгъумкIэ бгъурыхьэрт.

Лъагъуныгъэ къабзэ яхуиIэу

19-нэ лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм зи тхыгъэхэр дунейм къытехьэу щIэзыдза тхакIуэ КIашэ Адыл-Джэрий къызэрыгуэкI мэкъумэшыщIэхэм гуапэу зэрахущытыр и тхыгъэхэм зэи щибзыщIакъым, ахэрщ абы и тхыгъэм щигъэлъапIэр, хьэл-щэн нэхъыфIхэр задилъагъур, лъэпкъым зэригъэпэща хъугъуэфIыгъуэ псори зи фIыгъэр, зэзыгъэпэщар. Я IэпкълъэпкъкIэ, теплъэкIэ, щыгъынкIэ ахэр зиусхьэнхэм къащхьэщокI, ауэ я акъыл, цIыхугъэ, пэжагъ яхэлъ и лъэныкъуэкIэ куэдкIэ пщыжь-уэркъыжьхэм йофIэкI.

ЗэпэщIэуэныгъэхэм хэкIыркъым

«Европэ зэкъуэт» жыхуаIэр ипэжыпIэкIэ зэкъуэту, нэхъ тэмэму жыпIэмэ, зэгурыIуэу, щыткъым икIи зэи щытакъым. Пэжщ, «Тхьэр зыхуэупса Рим империем» къэрал куэд икIи щIыналъэшхуэ къызэщIикъуат, арщхьэкIэ абы и къарур щIэкIат, езыри епщыкIуханэ лIэщIыгъуэм хыхьат зэманым хъыбий ищIа пIэтепхъуэм хуэдэу. Уепщэмэ, лъэлъэну хьэзырт. Мис а лъэхъэнэ гугъурщ Карл Етхуанэм и тетыгъуэр зыхуэзари.

Мэлыхъуэ башым и пщIэр лъагэ хъуат

Урысейм и къэфакIуэ гуп нэхъыжьхэм, нэхъ лъэщ дыдэхэм ящыщщ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблыр. Гупым ди лъэпкъ къафэхэр дунейпсо утыкум ирихьащ, пшыхь мин бжыгъэхэр иригъэкIуэкIащ, Iэгуауэшхуэхэр хуаIэтащ. Ахэр ауэ къызэрыгуэкI ехъулIэныгъэкъым, атIэ икъукIэ къару куэд зрахьэлIащ. Ансамблым нобэ иIэ пщIэмрэ щIыхьымрэ псори дрогушхуэ, уеблэмэ «Кабардинка»-р лъэпкъым и дамыгъэ лъапIэ хъуащ.

НОБЭ

ЩIышылэм и 15, бэрэжьей

Урысей Федерацэм СледствиемкIэ и комитетыр къыщызэрагъэпэща махуэщ 
Википедием - ИнтернеткIэ къагъэсэбэп щIэнгъуазэм - лэжьэн щыщIидза махуэщ (2001 гъэм)
1890 гъэм
къалъхуащ адыгей усакIуэ, композитор, IуэрыIуатэдж Къубэ Шэбан.
1906 гъэм
къалъхуащ 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм и комиссару щыта, Лениным и цIэр зезыхьэ, Вагъуэ Плъыжь орденхэр зыхуагъэфэща Хьэтыкъуей Iэбубэчыр.