Налшык къалэр зыгъэдахэ щIыпIэхэр, фэеплъхэр и куэдщ. Уеблэмэ абыхэм я нэхъыбэр лъэпкъым и щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ щыхьэт техъуэжу апхуэдэщ. Зи гугъу тщIыхэм ящыщщ кавказ псом къыщацIыху «Сосрыкъуэ» шхапIэр, 115-нэ шу дивизэм хэтахэм я фэеплъу ди щыхьэрым и ищхъэрэ лъэныкъуэкIэ щытыр, ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм и лъэс лъагъуэ нэхъыщхьэм тет «Вагъуэбэ мывэ» фэеплъыр, нэгъуэщI куэди.
Иужьрейуэ зи цIэ къитIуамкIэ къыщIэддзэмэ, ар и IэдакъэщIэкIщ сурэтыщI, скульптор цIэрыIуэ Пащт-Хъан Алим.